Хьэрхуэрэгъур щIегъуэжа е шынэжа?ЩэкIуэгъуэм и 20-м Америкэм и Штат Зэгуэтхэм я Лас-Вегас къалэм щызэхэтыну траухуауэ щытащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ Мырзэкъан Азэмэтрэ («Профессионал» цIэ лейр зыфIащар) Польшэм и лIыкIуэ Прачнио Марчинрэ я зэIущIэр, ауэ ар екIуэкIынукъым. Щхьэусыгъуэр - адыгэ щIалэм и хьэрхуэрэгъум идэжакъым абы и гъусэу рингым къихьэн. ЩIегъуэжа е шынэжа - ар зыщIэр езыращ. ММА зэхьэзэхуэшхуэм хыхьэу Мырзэкъаным иджы япэу зэIущIэ щригъэкIуэкIынур дыгъэгъазэм и пэщIэдзэхэрщ. UFC on ESPN 31 зэпеуэу Мырзэкъаныр япэу утыку къыщихьэнур Лас-Вегас дыгъэгъазэм и 4-м зэхэтынущ. «Профессионал»-м хьэрхуэрэгъу къыхуэхъунущ зэIущIэ куэд езыгъэкIуэкIа, Бразилием щыщ зэуакIуэ Линс Фили- пе. Абы зэпэщIэтыныгъэ 14-м бжьыпэр щиубыдащ, 5-м къыщыхагъэщIащ. Езы Мырзэкъаным октагоным зэIущIи 10 щригъэкIуэкIати, псоми щытекIуащ, абыхэм ящыщу 7-р нокауткIэ.
Поделиться:
Читать также:
17.04.2024 - 12:56 →
Къапэлъэщын къахэкIакъым
17.04.2024 - 12:54 →
Медалиблым щыщу щыр дыщэу
15.04.2024 - 17:00 →
КIыщ Аслъэнбэч и дыщэхэм къыхегъахъуэ
15.04.2024 - 16:30 →
Сочэ къащыпоплъэ
11.04.2024 - 17:30 →
Дыдейхэрщ нэхъыфIыр
|