Адыгэ шууейхэм дунейпсо утыкур ягъэбжьыфIэШы IуэхухэмкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэм (FEI) хэIущыIу ищIащ шууейхэм илъэсым къриубыдэу къагъэлъэгъуа зэфIэкIыр. Урысей шууейхэм ящыщу япэ увыпIэр а сатырым щиIыгъщ Къалэ Мухьэмэд. Ар и фIыгъэщ иужьрейуэ екIуэкIа дунейпсо шууей зэхьэзэхуэм Мухьэмэд япэреипщIым зэрыщыхиубыдар. Къалэмрэ ар зытес Найсрэ апхуэдэ зэфIэкI къагъэлъэгъуэным хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ урысей шу гупым я тренер Ездэч Мурат.
Поделиться:
Читать также:
25.04.2024 - 17:30 →
Олимп чемпионыр ящыгъупщэркъым
25.04.2024 - 17:00 →
Кубокыр къыздашэ
23.04.2024 - 20:03 →
Уанэш зэхьэзэхуэшхуэ
23.04.2024 - 17:06 →
Гуп зэпеуэм япэ щыхъуащ
23.04.2024 - 15:26 →
Урысейм щынэхъ лъэщхэр
|