Аствацатурян Эммэ адыгэ Iэщэм топсэлъыхьПасэрей Iэщэр къызыфIэIуэху цIыхухэм зэхамыхыпIэ иIэкъым Аствацатурян Эммэ и цIэр. Мэзкуу дэт Къэрал тхыдэ музейм епхауэ зи гъащ1эр зыхьа бзылъхугъэр Кавказ Ищхъэрэми мызэ-мытIэу къэкIуауэ щытащ, хъыбар щхьэпэ куэди ди щIыналъэм теухуауэ къызэринэкIащ. Адыгэ мухьэжырхэм я Iэщэр ирашати, сэшхуэ куэд хъума хъуащ. Абыхэм я гугъу щащIу тхыгъэ куэд урохьэлIэ. Псалъэм папщIэ, 17I8 гъэм Имеретием кIуа урыс лIыкIуэхэр куржы пащтыхьым и шыфэлIыфэм топсэлъыхь. Езы пащтыхьымрэ къулыкъу зэмылIэужьыгъуэ зезыхьэ и къуэдзэхэмрэ члисэм щIохьэ нэмыцэ, кызылбаш джатэхэр якIэрыщIауэ. Зытхыжым жеIэ: «И джатэр, сэ нэхъей, кIэрыщIауэ и куэпкъым телът». Абы зи гугъу ищIыр «шашкэ» жыхуэтIэращ. АдыгэбзэкIи ардыдэращ псалъэм къикIыр: «сэшхуэ». «Нэмыцэ, кызылбаш джатэхэр» щIыжиIэр сыт? А зэманым урысхэм Европэ лъэныкъуэмкIэ къикIа псоми «нэмыцэ» хужаIэрт, зауэлI шыфэлIыфэр абыкIэт къыздикIыр. Абы нэмыщI, Архангельск щыпсэу инджылыз щIалэ гуэрым урыс псалъалъэ щызэхилъхьэм, урыс Iэщэр къыщрибжэкIкIэ, «шаш» псалъэр хегъэувэ. А «шашри» къыпхуэгупсысынукъым, пэжкъэ? А щапхъитIыр сэшхуэм теухуа хъыбар нэхъ пасэу щыIэщ. Шэч хэмылъыххэу, Iэщэри псалъэри зейр адыгэхэращ, шэрджэсхэрат Кавказым щызекIуэ хабзэхэр къезыгъажьэу щытар. Зи фащэ ящыгъыр хэт къэзакъхэм? Мэзкуу метром телъыджэ гуэр си нэгу щыщIэкIат перестройкэм и зэманым. «ТеплъэгъуэкIэ» фIэкIа абы сызэреджэнур сщIэркъым. Европей кIэстум зэфIэткIэ зэщыхуэпыкIа кавказ щIалэ гуп зэрыс метром и бжэр зэIуокIри, къэзакъ гуп къотIысхьэ, адыгэ фащэ зыкъизыххэр ящыгъыу. Дауэ къыпщыхъурэ ар? ЕпщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэм хуэзэ щапхъэ куэд диIэщ. Ахэр сыт и лъэныкъуэкIи зэрыадыгэ хьэпшыпыр IупщIу уолъагъу. Нагъыщэ зытетхэри куэду диIэщ. Ахэри зэрышэрджэс нагъыщэм шэч хэлъкъым. Сыту жыпIэмэ, нэгъуэщIхэм апхуэдэу ящIыртэкъым, адрей къамэщIхэм иджыри къаублатэкъым Iэщэм дамыгъэ тращIыхьу. А псори шэрджэс хьэпшыпщ. ЩащIа зэманк1э зэтехуэу сэшхуэ щэ ныкъуэрэ хырэ диIэщ. И щIыкIэкIи и нагъыщэкIи псори зэбгъэдэплъхьэу узэхуеплъмэ, гуп-гупу зэхэбдзмэ, псори гурыIуэгъуэ мэхъу. Ар зыгуэрым къигупсысауэ аракъым. Си тхылъыщIэм щысхъуэжынур адыгэхэм ятеухуа Iыхьэм и закъуэщ. Адрей лъэпкъхэм ятеухуа Iыхьэхэм зэрымыщIэкIэ хэхуар къыхызохыж. СщIэртэкъым и пэжыпIэр. Мис, псалъэм папщIэ, джатэм теухуауэ зы напэ закъуэ стхауэ арат, сщIэртэкъыми. Иджы сощIэ адыгэ джатэр зищIысыр. Адыгэ сэшхуэр зищIысри сощIэ. Иджыри, къэхъу хабзэрат. Адыгэхэр зэтраукIа нэужь, я Iэщэхэр нэгъуэщIхэм яIэрыхьащ. Мис, псалъэм папщIэ, езы къамэр зэращI щIыкIэм, жудыр зэрыжьэдах хабзэм елъытауэ уоплъри, зэрыадыгэ хьэпшыпыр уолъагъу. Ауэ тет дамыгъэр нэгъуэщIщ. Абы къикIыр ар нэгъуэщI IэщIагъэлIым къищэхури, дыжьын тхыпхъэ трилъхьэжауэ аращ. Абы къыхэкIыу, зэхэбгъэкIыну гугъущ, ущыуэнкIи хъунущ. ИтIанэ, хьэпшыпыщIэ гуэр къежьа нэужь, ар къезымыгъэжьами ищIу зрегъасэ. «Адыгэ сэшхуэ схуэщI» жеIэри зыгуэр къокIуэ дагъыстэн дыщэкIым деж, псалъэм папщIэ, е «шэрджэс нагъыщэ» («черкес накыш») тету схуэщI жи. Дагъыстэнри хуэмыхукъым, пэжыр жыпIэмэ. Аращи, хуещI лъэIуакIуэм «шэрджэс нагъыщэ» зыкъизых. Iэщэр зым ещI, нагъыщэ тезылъхьэр нэгъуэщIщ. Плъагъурэ, хьэпшып куэд зыщIэлъыр артмузей, Эрмитаж хуэдэхэращ, музей къызэрыкIуэхэм зы хьэпшып хьэпшыпитI щIэлъу аращ, абыхэмкIэ дауэ зэхагъэкIын а псор? Адыгэхэм ятеухуауи тщIэртэкъым ар. Иджы мы къаша хьэпшыпхэм я фIыгъэкIэ зэхэдгъэкIауэ аращ. ИтIанэ «зыщIар Алийщ» жиIэу Iэщэм тетхакIэ, абы куэд къыбжиIэнукъым. Псалъэм папщIэ, мы тхыпхъэм зэреджэр «мазэщ» (къегъэлъагъуэ). Нэмыцэ IэщIагъэлIищым ящIырт «мазэ» тхыпхъи, адыгэхэми ягу ирихьри, ящIын щIадзащ. Апхуэдэ нагъыщэу щитIым нэс диIэщ. «Мазэр» зы, иджыри «фалъэ» тхыпхъэми куэдрэ урохьэлIэ. Мыбы адыгэ IэщэкIэ дыщIеджэр апхуэдэ тхыпхъэ нэгъуэщIхэм ящIыртэкъыми аращ, нэгъуэщIхэм апхуэдэ нагъыщэ лIэужьыгъуэ къафIэ1уэхутэкъым. Мыбы нэгъуэщI лъэпкъхэм я деж дыщрихьэлIэркъым. Мыпхуэдэ нагъыщэхэр зыхуэзэр епщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэращ. Зы зэманкIэ Мысырым щыIэ адыгэхэр щхьэхуиту щытащ. ИтIанэ, Тыркум иубыда нэужь, Шэрджэсейр щIыпIэ пхыдзауэ пыщхьэхукIат. Мамлюк щыжаIэкIэ «пщылI хужь» кърагъэкIыу арат. ЯпэщIыкIэ яIар тырку пщылIт. ИужькIэ, 1230 гъэра си гугъэжщ, адыгэхэр тепщэ хъури, зэманкIэ унафэр яIэщIэлъащ. 1517 гъэра сфIощI тыркухэм Мысырыр щаубыдар. Ауэ мамлюкхэр япэщIыкIэ яукIыртэкъым, я мылъкуи къытрахыртэкъым, я сэрейхэри къыхуагъэнат. Хуейхэр тыркухэм ягухьэрти, Тырку къэралыгъуэм хэту ядэлажьэрт. Ауэ епщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэм и пэм революцэ хуэдэу Iэуэлъауэ гуэр къэхъури ар ягъэбэяужын папщIэ тыркухэм яубыда щIыналъэхэм зауэлIу и сыр зэхуашэсащ. Абы ирихьэлIэу албаныдзэм и дзэпщ Мухьэмэд-Алий жыхуаIэр IэкIуэлъакIуэ гуэр къыщIэкIынти, дзэхэр зэгуигъэхьэщ, унафэр иубыдри, тыркухэм ар пэщэуэ ягъэувыну къабыл ящIащ. Иджы и телъхьэхэм щIы яритын хуейтэкъэ? ХэкIыпIэ тынш дыдэ къигъуэтащ: щIы иIэтэкъыми, мамлюкхэм я щIыр къатримыхыу, езыхэр иукIын щIидзащ, ящIхэр иубыдын папщIэ. Арати, адыгэхэм Шэрджэсейм зэрыщыщыр къащIэжри, я хэкум ягъэзэжащ. Иджы адэкIэ жысIэнур хуэзгъэфащэу аращ, мыпэжынкIи хъунущ, ауэ а къэкIуэжахэм дыщэкI яхэта къыщIэкIынщ, Iэщэ ищIу. Ар зыхуэзэр I807 гъэращ, епщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэм. Дагъыстэн гуэбэшыхэм, Кубачи щыщхэм, яфэфIу ящIырт «адыгэ тхыпхъэхэр». СыкIэлъыплъыху солъагъу а нагъыщэр адэ-модэкIэ зэрызэбгрыкIар. Плъагъурэ, адыгэхэм псори ядэплъейрт, зыпащIыжырт. Ахэр лъэпкъ ехьэжьат а лъэхъэнэм. Я фащэхэр, япщхэр яIэжу. ПщылI бэзэрым псом нэхърэ нэхъ лъапIэу щащэ я бзылъхугъэ зэкIужхэр-щэ? Торнау щIэщыгъуэу итхыжащ ар... Хъыджэбз цIыкIухэр кхъухьым ису здашэм нэжэгужэу зэдэуршэрхэрт жи, зыхуашэ тыркум ягу ирихьыну фIэкIа нэгъуэщI зыри хъуэпсапIэ ямыIэу.
Поделиться:
Читать также:
19.04.2024 - 16:42 →
ГъэпцIакIуэр яубыдащ
19.04.2024 - 16:40 →
Налог щIыхуэшхуэ
19.04.2024 - 16:36 →
Зыкъамыту хэкIуэдащ
19.04.2024 - 16:26 →
Щыуагъэм щахъумэу
19.04.2024 - 15:46 →
Дэчыхыныгъэм кърикIуар
|