Псыбабэ хуэдэу дахэщ, жиIащ…

Гуащэм - унагъуэм унэгуащэр яхэмытыжу нысэр къахыхьэмэ, е нысэ къашагъащIэм куэд дэмыкIыу гуащэр щхьэщыукIуриикIмэ, гуащэ палъэу унагъуэм ялъытэ хъу гъунэгъу нанэм е адэ шыпхъу къахэнэм гуащэмкIэ еджэрт. Гуащэмыр мазитI нэхърэ нэхъыбэкІэ яхэстэкъым е къахыхьэрейтэкъым унагъуэм: апщIондэху нысэ цIыкIур къызыхыхьа лъэпкъым и хабзэ, и дуней тетыкIэ, илъытапхъэ-игъэфIапхъэхэм хуиущийрт. «Гуащэм дэкIуатэ» ящIыжу щытащ, гугъу закъыдезыгъэхьа бзылъхугъэ зэрахузэфIэкI хуэдизкIэ ялъытэу, ягъафІэу.
Губзэ - и гум щыщIэр къыумыщIэнкIэ Iэмал имыIэу ар зи нэгум къищ цIыхум и щытыкIэм щхьэкIэ аращ жаIэр. ГъэщIэгъуэнщ, мы псалъэр Узун-Яйла ит ХьэтIохъущыкъуеижьми щахъумащ.
ДумэрданэтIас пшынэ ирагъауэ - ДумэрданэтIасыр Борэхэ япхъут, хуабжьу пшынауэ цIэрыIуэт. Пшынэ щеуэкIэ, и щхьэр иридзэкIрэ и нэхэр зэтрипIэу еуэрти, абы ещхьу зызыщI пшынауэхэм щхьэкIэ ар жаIэу къэнауэ зы псалъэщ.
ЗэбгрыутысыкІын - зэбгрыпхъын, ипхъэн, жыхуиІэщ. Бжьэхъуэкъуейхэм ноби зэрахьэу псалъэ гъэщІэгъуэнщ.
ЗэIукъун - едэмэпкъауэурэ зыхэт цIыху Iувыр зэлъыIузыгъэкIуэтым ищIэр аращ.
И Iугъэгъури, и IутIыжри зэпылъщ - уэд щыхъури къыпхуэщIэнукъым, гъум щыхъури къыпхуэщIэнукъым, нэгъуэщIу жыпIэмэ зы щIыкIэм тет зэпытщ, жыхуиIэщ.
И бэкъу гурыщхъуэ дещIыкI - сытми дзыхьмыщIу хущытым щхьэкIэ жаIэ.
И тыкъыным пылъщ - и къурмакъейм телъщ, хуегъэхкъым, иробампIэ, жыхуиIэщ. «Тыкъын» псалъэр иджырей къэбэрдей адыгэхэм куэдым ящІэжыркъым, ауэ кIахэ адыгэбзэм къыхэнауэ нобэми псалъэ щхьэхуиту хэтщ. ХьэтІохъущыкъуей къуажэм хьэблэу хэтым зэрахьэ псалъэщ.
И жэмыкуэ лыр хэзщ - сыт имыпщэфIми хъеррэ махъэрэ пылъщ, IэфIщ, гурыхьщ, жыхуиIэщ.
И лъэгуажьэгъу и жэрэгъущ - пэшэгъу-псэлъэгъу ищIыр и ныбжь итхэращ, жыхуиIэщ. «ИкIи деплъейкъым, икIи еплъыхкъым, и лъэгуажьэгъу и жэрэгъуу мэпсэу», жаІэ.
КIэрыхубжьэрыху - къэна, щIакIэ, къыдэхуа.
Къуардащэ - ипэм щэкI, щIыIу, нэгъуэщI дэрбзэр хуэIухуэщIхэр къуажэ-къуажэкIэрэ къыдашэти, кърахьэкIыу дэту щытащ, абыкIэ сату ящIу. Бахъсэн псыхъуэ дэс къуажэхэр зэпэгъунэгъубзэу зэрыщысым къыхэкIыу, абы сату щызыщIыну къакIуэхэр хьэмкIэшыгукIэ зы щIыпIэ деж къекIуалIэхэрти, итIанэ сату зыщIынухэм ящэнухэр урысыбзэкIэ „коробка“ жыхуаIэхэм илъу зэбгрыкIырт. А сату щIакIуэхэрат къуардащэкIэ зэджэри. УрысыбзэкІэ «коробейник» жыхуэпIэнуращ.
Къуардэ - урысыбзэкIэ «коробка» жыхуаIэращ.
Логъащтэ - щэкІуэкІэ хабзэхэм щыщщ. Iэуэлъауэшхуэ ирагъэщIу мэзым хэс псэущхьэхэр къыхахурэ зыщIыпIэ щрахулIэкIэ аращ зэреджэр.
ЛъэрыкIуэ-лъэрыуэу кІуэн - ипэ иту кIуэм иужь итыр къытеувэу зэкIэлъыпIащIэу зыщIыпIэ кIуэн, жыхуиIэщ.
МацIэр цIиблым ягуэшыж нэхъей - нэпсейщ, иризыгъэкъу щыIэкъым, зэкIэми хуэлъэщ, жыхуиIэщ. Къалэдэсым я псэлъафэщ.
Мыхъу-мыпцIэ - сыт хуэдизу иужь уимытами, сыт хуэдиз пщIэнтIэпс хыумылъхьами, зэхэмыхьэ, зэрымыубыд Iуэхугъуэм, лэжьыгъэм щхьэкIэ апхуэдэу жаIэ.
ПкъыбзалIэ - и Iэ ищІ мыухыжым утезыгъэзашэ, жиIэнури къипсэлъынури къыпфIэмыIуэхужу екIуэкIым щхьэжагъуэ ухуэзыщI цIыхум щхьэкIэ жаIэ. Мы псалъэр ХьэтІохъущыкъуейм и мызакъуэу нэгъуэщIыпIи щызэрахьэу щытагъэнущ. Нало Заур и псэлъафэ дыдэт: хэт и пкъыбзалIи лIышхуэщ, жиIэу. «ЛIышхуэ» жыхуиIэр IэнатIэ гуэр пэрыту зыкъызыфIэщIыжа гуэрхэрат.
ПкъыбзафIэ - и Iэ ищІымкIэ жиIэну зыхуей псори нахуэ икIи нэрылъагъу зыщI цIыху.
Пкъыбзэ - и Iэ-и лъэр, и щхьэр, и нэгур дищIурэ псалъэ цIыхум игъуэт щытыкIэм аращ зэреджэр. Мыбы къытекIа жыIэкIэщ «пкъыбзафIэ», «пкъыбзалIэ» жыхуиIэхэр.
Псапэпс ефэн - гъуэгу тету псы щIэлъэIуам и псыхуэлIэ ибгъэкIмэ, абы къыпэкIуэ фIыщIэгуапэ псалъэм хэту «псапэпс Тхьэм уригъафэ» жаІэу зэрехъуэхъуж псалъэщ.
Псыбабэ І - псыхъуэгуащэ.
Псыбабэ ІІ - и ныбжьыр хэкIуэта пэтми, зи щIыфэри зэмылъа, и щIалэгъуэм бгъэдэлъа дахагъэри къызыхэна бзылъхугъэм щхьэкIэ жаIэ.
ПхъэшкIурэ - цым хуэдэу щабэу пхъэмрэ пхъафэмрэ я кум къыдэкIым аращ зэреджэр, мафIэ зэщIэгъэнэгъуейр псынщIэу зэрызэщIагъанэ Іэмалщ.
ПцIыр IэгуплIэкIэ ехь - сыт къипсэлъми, пцIыкIэ екудэ, жыхуиIэщ.

 

ТАБЫЩ Мурат, «Адыгэ псалъэ» газетым и щIэныгъэ обозреватель.
Поделиться: