Тыгъэм я нэхъ лъапIэр!

Хы ФIыцIэ Iуфэм Iус Агуий-Шапсыгъ адыгэ къуажэм и  «Шууей Хасэ» зэгухьэныгъэм и щIыналъэ зэхуаку къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэ екIуэкIащ. Абы «Шууей Хасэм» 2021 гъэм къызэригъэпэща Iуэхухэр, зыхунэсакъе­хъулIахэр къыщапщытэжащ, дызыхуэкIуэ илъэсы-щIэм я ­мурадхэр щагъэбелджылащ.

ЗэIущIэм нэгъуэщI зы Iуэху дахи кърикIуащ: Хасэм хэт адыгэ шууейхэм къабгъэдэкIыу спортсмен цIэрыIуэ Иголь­ников Михаил тыгъэ хуащIащ «ТАИК» шэщым къыщыхъуа, илъэсищ зи ныбжь къэбэрдеишыр - «Албэч» зыфIащар. Ар къытехъукIащ «Ашэбей» шым. Европэм тIэунейрэ и чемпион Игольников Михаил и анэр шапсыгъщ. Михаил адыгэ фащэ зыщитIэгъэну фIэфIщ, ди лъэпкъым и тхыдэмрэ и ­щэнхабзэмрэ дехьэх. Къыхуэтыр зы адыгэшти, тыгъэм ­щы­гуфIыкIащ.
Агуий-Шапсыгъым и нэхъыжь Iумахуэхэр «Шууей Хасэм» хэт­хэм ехъуэхъуащ IуэхуфI ирагъэжьар къайхъулIэну.

 

Гугъуэт Заремэ.
Поделиться: