Къул Дайанэ и макъамэ дунейр

ЗыхэпсэукIыр макъамэщ, и къарур лъэпкъырщ, зыгъэкIуатэр гупсысэщ, зыпсыхьыр гуапагъэщ, зэхэплъхьэжмэ - насыпщ! И дунейр мыпхуэдэу къытщыхъуащ ди псалъэгъум - Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и «Амикс» уэрэджыIакIуэ гупым макъамэмкIэ и гъэсакIуэ, «Джэрпэджэж» уэрэджыIакIуэ гупым хэт Къул Дайанэ. ЖыпIэ хъунущ Дайанэ гущэкъу уэрэдкIэ къыщIидзауэ. И  адэ-анэм къызэрыжаIэжымкIэ, мазих зэрыхъу лъандэрэ къреш макъамэ. И анэм жиIэу щыта гущэкъу уэрэдыр и гум ириубыдати, и жеин къыщыкIуахэм деж, а макъамэмкIэ закъригъащIэрт.
-Илъэсищ сыхъуу япэу утыку сихьэри сабий уэрэд цIыкIу згъэзэщIауэ щытащ. Абдеж щIэздзэри, зэпеуэхэм сыхэтащ, школым щекIуэкI зэхьэзэхуэхэм уэрэд щыжысIащ, сыкъыщыфащ. ИтIанэ, илъэсипщI сыщыхъум, си зэпеуэ хэтыныр зэуэ зэпыуащ. «Хуиту джэгуу, еджэу сабиигъуэ тынш иреIэ», - жиIащ си анэм. Макъамэ школи сагъэкIуат, ауэ къэзухакъым - сыкъэфэну, къэзжыхьыну сыхуейт,- игу къегъэкIыж абы.
И адэм и «Амикс» гупым кIуэрт щIэх-щIэхыурэ. Я къафэхэмрэ уэрэдхэмрэ гукIэ ищIэрти, гупым репетицэ яIэрэ зыгуэр къэмыкIуамэ, абы ипIэкIэ Дайанэ хагъэувэрт. Илъэс I5 щыхъум «Амикс» гупым хыхьащ. Курыт еджапIэ нэужьым, Москва Щукин Борис и цIэр зезыхьэ Театр институтым щIэтIысхьащ. Къиухри МюзиклымкIэ театрым илъэситI щылэжьащ.
-Псори  хъарзынэт, псори фIыт, ауэ си гур къилъэтын, си нэхэр лыдын хуэдизу ситхьэкъуртэкъым си лэжьыгъэм. ИтIанэ, сэ си цIыху щIыкIэр мыпхуэдэщ: езыхэр сызыхагъэхьэм сыхэтт, ауэ «мис мыр сигу ирохьри, сыщывгъэджэгу», схужыIэнутэкъым. «Къысхуагъэфащэмэ, езыхэм сыкъалъэгъунщ», - арат сызэрегупсысыр. Арати, республикэм сыкъэкIуэжащ. А зэманым «Амикс» гупыр илъэс I5 ирикъурти, концертхэр куэду игъэхьэзырт. Сэри садэIэпыкъуну сахэуващ, - къыддогуашэ Дайанэ.
Иджыпсту Дайангэ «Джэрпэджэж» уэрэджыIакIуэ гупым хэтщ. «Дауэ уахыхьат, удихьэхат?» - жытIэри деупIщат:
- Зэгуэрым макъамэмкIэ «Джэрпэджэж» («JRPJEJ») гупым и оператор Васильев Тамерлан къэпсэлъащ, «зы уэрэд дыгъэтх» жиIэри. СыкIуэри ттхат, ауэ уэрэдыр схуэмыгъэзэщIауэ къысщыхъуат, сигу зыхуэзэгъэжатэкъым. Зэман дэкIащ.  Аргуэру а гуп дыдэм хэт Къуэдзокъуэ Тимур къопсалъэ, «гущэкъу уэрэдитI дыгъэтх», жиIэри. СокIуэ, уэрэдхэр къыхыдох, дотх. ИтIанэ, концерт ятынути, сраджэ. Сэ уэрэдитIыр жысIэну сыкIуауэ арат, ауэ концертыр иухыху сахэтащ. ИтIанэ, аргуэру зы концерт. Ауэ иджы сахэзэгъауэ. Апхуэдэу сыхыхьащ «Джэрпэджэж» гупым. Иджы зы унагъуэ хуэдэу гуапэу дызэхэтщ.
Концерт программэ яIэу Москва, Самарэ, Казань, Санкт-Петербург, Польшэм зыкъыщагъэлъэгъуащ гупым. Дайанэ зэрыжиIэмкIэ, «джэрпэджэжым зыужьыныгъэ» къритащ, лъэпкъым теухуауэ иIэ гупсысэхэр нэхъ куу ищIащ.
-«Джэрпэджэж» гупым сыхыхьа нэужь, уэрэдыжьхэм сыдихьэх хъуащ. Дэтхэнэми и купщIэр, хъыбару и гъусэр, зыхуаусар – псори зэзгъэщIэну сыхуопабгъэ, абыхэм теухуауи тхыгъэ щхьэхуэхэм сыкъоджэ. КъызгурIуаращи, ахэр уэрэд къудейкъым, ахэр гъащIэщ: зыгуэрым и насып, и гуауэ, и гууз, и Iущагъ хэлъу. А псор зыхэпщIа нэужь, уэрэдыр макъ къудейкIэ бгъэзащIэ хъужыркъым, уи псэм къыIэпыбох ахъумэ. И пэжыращи, сыкъызыхэкIа лъэпкъым гъунэгъу сыхуищIащ, - жеIэ абы. Дайанэ къелъытэ и адыгэпсэм и къарур хэлъу, ар нэхъапэхэм къыгурымыIуэу щыта пэтми:
-Москва сыщыщеджа илъэсхэм сэ нэсу къызгурыIуэртэкъым  сыкъызыхэкIа лъэпкъым и уардагъыр. Уеблэмэ  къыздеджэхэм псэлъэкIэкIэ е гупсысэ гуэрхэмкIэ сазэремыщхьым сыщринэщхъеи къэхъурт. Зэгуэр дезыгъаджэ зы бзылъхугъэ жесIат: «Уэрэд щыжытIэкIэ, сэ си макъыр къазэрыхэщхьэхукIыр зыхызощIэри, си гур ныкъуэщ». «Абы уригушхуэн хуейщ, ар уэ уи щхьэхуэныгъэщ, ар екIущ, ар щэнхабзэщ. Дэ игъащIэкIэ тхузыхэмыщIэну уэ зы телъыджэ пхэлъщ», - къызжиIат.  А щыжиIа дакъикъэм къызгурIуатэмэ!
ИужькIэ, си Хэку сыкъекIуэлIэжауэ, а псалъэхэм я мыхьэнэр зыхэсщIащ. КъызгурыIуащ, сызэрыадыгэр си къару нэхъыщхьэ дыдэу зэрыщытыр. Пэжым ухуеймэ, иджыпсту куэд щыIэщ «Адыгэ уей-уей», жыхуиIэм я адыгагъэри, адыгэбзэри, гъэсэныгъэри кърагъэтIасэу  е адыгэ фащэр дахэу ящыгъмэ, нэхъ адыгэ щымыIэ я гугъэу. Сэ си дежкIэ лъэпкъыр нэгъуэщIщ – ар гурэ псэкIэ зыхэсщIэщ, гупсысэрэ зэхэщIыкIкIэ щхьэхуэ сызыщIщ, си гу къеуэкIэщ. Абы уогупсысри, бзэм и мыхьэнэри нэхъ зыхыбощIэ. Сэ анэдэлъхубзэкIэ си гупсысэ къызоIуэтэф. Мис, уэ сынопсалъэ, псалъэм папщIэ, кууущэу къысхущIэмыгъалъэми. Ауэ, си псэлъэкIэм и щыщIэныгъэхэр языныкъуэ нэхъыжьхэм къыщыспагъэтIылъыжым деж, си гур щызухыж щыIэщ. «Тэмэму упсэлъэфкъым», «щыуагъэхэр хыбощIыхь» е «адыдыд, мыбы и адыгэбзэр» - мы псалъэхэм сэ сагъэсэнукъым, сыкъагъэувыIэну аращ. Мы гупсысэр си ныбжь куэдми жаIэу зэхызох. Тебгъэгушхуэмэ, нэхъ къозэгъ, Iэпыбуд нэхърэ!

Дайанэ и хъуапсапIэщ зэгуэр республикэм мюзикл щигъэувыну. ЗэрыжиIэмкIэ, абы иджыпсту ди цIыхухэр хуэхьэзыркъым, я тхьэкIумэр есакъым.
-Мюзиклыр - ар философие псощ, уигъэгупсысэн хуейщ. Къапщтэмэ, адрей лъэпкъ куэдым къащхьэщыкIыу, адыгэм и гупсысэр куущ егъэлеяуэ. КъыгурыIуэнут икIи дихьэхынут иIамэ. Зэгуэр зэзгъэхъулIэнуи сыхуейщ! – жеIэ.
ГъэщIэгъуэнщ пщащэм насыпым и мыхьэнэр къызэрыгурыIуэр, абыи акъыл хелъхьэ:
- Дыпсэуну тIэщIэгъупщыкI хуэдэщ иныкъуэм деж – щхьэхьу зыщIыпIэ дыкIуэу. Насыпыр-щэ?! Насыпыр езы гъащIэрауэ си гугъэщ. Абы дакъикъэ телъыджэу хэтырщ. Гу лъыттэн хуейуэ аращ. Дызэрыбауэр, ди лъэ къызэрихьыр, дыщIэкIыу къэткIухьыну, дигу къэкIа цIыхум дыIущIэну Iэмал дызэриIэр – мыхэр насып ирокъу.

 

Гугъуэт Заремэ.
Поделиться: