Тенджыз Iуфэм щытокIуэКраснодар крайм хыхьэ Сукко жылагъуэм щекIуэкIащ универсальнэ зэзауэхэмкIэ дунейпсо зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ къэрал 25-м щыщ илъэс 12-м къыщыщIэдзауэ 20-м нэблагъэ спортсмен ныбжьыщIэ 600-м щIигъу. Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ къыхэхам хэт спортсменхэм зэхьэзэхуэм ехъулIэныгъэфIхэр щызыIэрагъэхьащ. Псори зэхэту абыхэм къахьащ медаль зэмылIэужьыгъуэ 11, дыщэу 6 хэту. Я ныбжьрэ хьэлъагърэ елъытауэ зэщхьэщыха гупхэм пашэныгъэр щаубыдащ Къамгъуэт Муртаз, ТыIэщ Дамир (тIури кг 55-рэ), Щомахуэ Беслъэн (кг 60), Къущхьэ Аслъэн (кг 65-рэ), КIэбышэ Алим (кг 70), Бейтыгъуэн Анзор (кг 75-рэ) сымэ. Ди спортсменхэр ягъасэ Бейтыгъуэн Руслан, Щомахуэ Къазбэч, Нэгъуей Анзор сымэ. Гуп медаль зэпеуэм Урысей Федерацэм и командэ къыхэхар япэ щыхъуащ. Абыхэм къакIэлъокIуэ Таджикистанымрэ Узбекистанымрэ я спортсменхэр.
Поделиться:
Читать также:
17.04.2024 - 12:56 →
Къапэлъэщын къахэкIакъым
17.04.2024 - 12:54 →
Медалиблым щыщу щыр дыщэу
15.04.2024 - 17:00 →
КIыщ Аслъэнбэч и дыщэхэм къыхегъахъуэ
15.04.2024 - 16:30 →
Сочэ къащыпоплъэ
11.04.2024 - 17:30 →
Дыдейхэрщ нэхъыфIыр
|