Хыпс щхъуантIафэр щыIэуэлъауэу

ЩIыуэпс

Перу къэралыгъуэм и къухьэпIэ гъунапкъэхэм хыпс щхъуантIафэр увыIэгъуэ имыIэу щоIэуэлъауэ. Псы Iуфэр гъущэщ, къум нэщIщ, къэкIыгъэкIэ къулейсызщ, псэущхьэкIи къулейкъым. Ауэ хьэуар макъ зэмылIэужьыгъуэ IэджэкIэ гъэнщIащ: гъудэбадзэ бжыгъэншэхэр, къуалэбзу хъушэшхуэхэр щызэрызохьэ. Гумбольт и цIэр зезыхьэ хыпсыр щыблож абдежым. Къэзыухъуреихь псым нэхърэ ар градуси 10-кIэ нэхъ щIыIэщ.

Гъэмахуэм абы къыхуэкIуэу къожэх Эль-Ниньо псы хуабэр. Нэхъыбэм а псыежэхитIыр зэхохуэжри зэхозэрыхьыж. Ауэ къыщыхъу щыIэщ жьыр Гумбольт и псыежэхым щыпэщIэувэ икIи лъэныкъуэкIэ псы Iуфэм щыIуиху. Абы щыгъуэ Эль-Ниньо и пхъэрыр къокIри, псыIур зыIэщIеубыдэ. Арыххэу хьэуар къызэщIоплъэ, ткIуаткIуэ зэхэщIар хуабэ мэхъу. Псы хуабэм, зэрынаIуэщи, кислородыр нэхъ псынщIэу хокIуэсыкI. Абы хэс бдзэжьейхэм, псэущхьэхэм ар къаймэщIэкI зэрыхъуу, щIыпIэ нэхъ зэгъ къалъыхъуэурэ, псы Iуфэм зыIуадзри, йокъури йожьэж. Абыхэм ещакIуэ къуалэбзухэри IуолъэтыкI. Щхьэусыгъуэ гуэркIэ псым къыхэна бдзэжьейхэр, кислородыр зэрахуримыкъум къыхэкIыу, тенджызым хобэмпIыхьри, хы сыджхэм псы Iуфэм къытрадзэж.

… Къум гъунэгъур зэщIэгъэгъащ. Ауэ абы гу щахуэну Перум щыпсэухэм я гугъэр хахыжат: бгыхэм телъ мылджейхэр ткIурт, абыхэм къащIэж псым мывэ абрагъуэхэр кърихьэхырт, къыгуэухэмрэ псыдзэхэмрэ гъуэгухэр зэтракъутэрт, климат гъущэм тещIыхьауэ яухуа псэуалъэхэр зэтещахэрт, апхуэдиз уэтIпсытIыр яхуэмыхьу. ИгъащIэ лъандэрэ къуалэбзухэм зэтралъхьа щIыгъэпшэр бэлыхьыр Iисраф хъужырт. А псомкIи къуаншэр псы хуабэрат. ЩIыуэпсым хэIэбэу зыгуэрхэр щызэзыхъуэкIыну ихъу-илъхэм къажриIэми ярейт а къэхъукъащIэм: «дыкъэзыухъуреихь дунейм Iэ щIыIэкIэ дыхэIэбэн ипэ, абы и щэхухэр куууэ дывгъэдж, и макъым гупсэхуу дыщIэвгъэдэIу, итIанэ къыдгурыIуэнщ ди ЩIы-анэр нэхъ дахэж, беиж хъун щхьэкIэ лэжьыпхъэхэмрэ абыхэм я инагъыр зэрыхъун хуейр зыхуэдизымрэ».

Языныкъуэ щIэныгъэлIхэр яужь итщ ЩIыр зэрыщыту ирагъэфIэкIуэну. Ахэр зэреплъымкIэ, абы щхьэкIэ узыхуейр зы закъуэщ – дунейм и щытыкIэм, нэгъуэщIу жыпIэ, климатым зегъэхъуэжынырщ. Инженер гуэрым къыхилъхьауэ щытащ абы папщIэ ракетэ куэд щIыпхъэу. Ахэр уэгум яIэтынщи, орбитэ («уэрдыхъу гъуэгу») щхьэхуэ зырызым тету, ЩIым и хъуреягъым хьэкъурт теплъэ зиIэ порошок хужь щызэбграпхъынщ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ ЩIым хуащIа «уэрдыхъу» IэрыщIым дыгъэ бзийхэр зыщIишэнурэ, ар лъэныкъуэ псомкIи идзыжынущ. Абы и фIыщIэкIэ жэщхэр махуэкIэ зэхъуэкIа хъунщи, ЩIым хуабэ нэхъыбэ къыIэрыхьэнщ. Абы къыхэкIыуи щIыгум илъэсым къриубыдэу гъавэ 2-3 щыхэпщIэ хъунущ.

Ауэ, Iуэхуракъэ, хуабэм Антарктидэмрэ Арктикэмрэ я мылхэри къурш мылджейхэри игъэткIунущ, игъэжэпхъынущ. Апхуэдизыпс зыхэлъадэ Дунейпсо хыр къиунурэ, тафэхэм къытелъэдэнущ, къэнэнур лъагапIэхэм я закъуэщ. Абыхэм ущыпсэунуи гъавэ щытепщIэнуи тыншкъым. Псым псэ зыIуту хэкIуэдэнумрэ мылъкуу ихьынумрэ зыхуэдизыр гъунапкъэншэщ. Апхуэдэ гупсысэкIэ мыхъумыщIэхэм къулейсызыгъэшхуэхэм ухуашэнкIэ хъунущ…

ТАБЫХЪУ Хьэзрит.
Поделиться: