Къандур Мухьэдин и «Иужьрей щэкIуэгъуэ»

Котляровхэ я тедзапIэм иджыблагъэ урысыбзэкIэ къы­щыдэкIащ Къандур Му­хьэдин и романыщIэ. Япэ напэкIуэцIым щегъэжьауэ и кIэм нэс укъимыутIыпщу узэзыгъаджэ тхылъыр «УрысеищIэм и роман» зыхужаIэхэм ящыщ хъуащ. 

Къандур Мухьэдин и романым къытхутопсэлъыхь тхылъ тедзапIэм и редактор нэхъыщхьэ Котляров Виктор: 
- «Иужьрей щэкIуэгъуэр» цIыхум унафэ щIыныр къыIэ­рыхьэ­ным зэрыхуэпабгъэм, гъащIэмрэ лIэныгъэмрэ хэ­Iэбэну къару зэримыIэм арэзы къы­зэримыщIым, «натIэм ит» жы­хуэтIэ ухыгъэм и къару фIэ­кIыпIэншэм теухуащ. Рома­ным лIыхъужь нэхъыщхьэ ­хуэхъуащ африкэ къумым ­лIыгъэ зэхэгъэкIыпIэ къыщилъыхъуэу щакIуэ кIуа, Кавказым щыщ, Урысейм зэфIэкI щызиIэ, мылъкушхуэ зыбгъэдэлъ цIыху. ЩакIуэмрэ ­лIыхъужьыр зыхуэпабгъэ цIыху къулыкъум хущIэкъу­нымрэ щызэпэщIегъэувэ тха­кIуэм романым и сюжетым, икIи ар щхьэусыгъуэ мэхъу зэпэщIэтыныгъэ гуащIэмрэ ­гужьгъэжьымрэ я мыгъуагъэр утыку къихьэнымкIэ. 
«Иужьрей щэкIуэгъуэр» - гупсысэ куу зыщIэлъ, Урысейм коммунистхэм я зэманыр ­щиуха нэужь, къэралыр зы­хуэкIуар къыщыгъэлъэгъуа роман гъэщIэгъуэнщ. ЦIыхубэ мылъкур уней-унейуэ щызэбг­рахкIэ, абы сэтейм къытреу­тIыпщхьэ цIыху нэпсеягъэри гъунэ зимыIэ и къызы­фIэ­щIы­жыкIэри. 
Адыгэ щэнхабзэм хэлъ­хьэныгъэ абрагъуэ хуэзыщIа Къандур Мухьэдин фильм зыгъэув режиссёрщ, сценаристщ, тхакIуэщ. Илъэс 50-м щIигъуауэ Голливудым епхауэ лажьэ Къандурым пщIэшхуэ зыпылъ саугъэт лъапIэ куэд киногъуазджэм къыщыхуа­гъэфэщащ. Абы и иужьрей лэжьыгъэхэм ящыщщ «Черкес» (2010), «Фейсбук романс» (2012) фильмхэр. 
Къандурыр къыщацIыху Европэми, Азиеми, США-ми. Абы и тхыгъэхэр зэрадзэкIащ урысыбзэкIэ, франджыбзэкIэ, испаныбзэкIэ, хьэрыпыбзэкIэ, нэгъуэщIхэмкIи. Мухьэдин Хэкужьми фIыуэ къыща­лъагъу, абы зэрехьэ «Къэ­бэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ» цIэ лъапIэр.  

 

Чэрим Марианнэ.
Поделиться: