Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Беларусымрэ зэгуроIуэКъБР-м и Правительствэм жэпуэгъуэм и 27-м КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек щыIущIащ Беларусь Республикэм хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ и министр Перцов Владимиррэ лэжьакIуэ гупымрэ. Зэхыхьэр къызэрагъэпэщащ лъэныкъуэхэр зэрызэдэлэжьэнум теухуауэ яубзыхуа, нэгъабэ фокIадэ мазэм Беларусымрэ Урысеймрэ я VII зэхуэсышхуэм хыхьэу зэращIылIа зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ. ЗэIущIэм Iэ щыщIадзащ 2022 - 2023 гъэхэм республикитIыр зэрызэдэлэжьэнум теухуауэ зэращIылIа зэгурыIуэныгъэм. Зэхыхьэм хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, абы и япэ къуэдзэ Говоров Сергей, промышленностымкIэ, энергетикэмрэ сату IуэхухэмкIэ министр Iэхъуэбэч Щамил, щэнхабзэмкIэ министр Къумахуэ Мухьэдин, экономикэ зыужьыныгъэхэмкIэ министр Рахаев Борис, мэкъумэш хозяйствэмкIэ министр Сыжажэ Хьэсэн, «КъБР-м и сату-промышленнэ палатэ» зэгухьэныгъэм и унафэщI ГъукIэлI Хьэсэн, «За единение - Сябры» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и Iэтащхьэ Сидорук Павел. Беларусым и посольствэу Урысейм щыIэм Дон Iус Ростов щиIэ къудамэм и унафэщI Тимохин Денис, Беларусь Республикэм и сату-промышленнэ палатэм дунейпсо зэпыщIэныгъэхэмкIэ и управленэм и унафэщI Кураш Наталье, «ТД Палессе-Юг» ООО-м и генеральнэ унафэщI Ерёменкэ Дмитрий, «Дилерский центр Юг» ООО-м сату IуэхухэмкIэ и менеджер нэхъыжь Филатовэ Наталье сымэ.
Поделиться:
Читать также:
09.03.2024 - 13:10 →
Мэкъумэш IэнатIэр я нэIэ щIэтщ
02.03.2024 - 09:00 →
Къалэнхэр икIэщIыпIэкIэ ягъэбелджылынущ
17.02.2024 - 10:01 →
ЛэжьакIуэ IэщIагъэхэм гулъытэ яIэнущ
11.02.2024 - 15:52 →
Къалэн нэхъыщхьэхэр яубзыху
03.02.2024 - 10:05 →
Псыр къызэрагъэсэбэпымрэ зэрахъумэмрэ
|