Сабии 140-рэ щIэхуэнуХъыбар гуапэ Школ кIуэгъуэ ныбжьым нэмыса сабийхэм зэрадэлажьэ щIыкIэхэр егъэфIэкIуэным теухуауэ ди республикэм щрагъэкIуэкI Iуэхугъуэхэм япкъ иткIэ, ди республикэм и къалащхьэм къепха Белая Речкэ жылэм щэбэт кIуам къыщызэIуахащ цIыкIуи 140-рэ зыщIэхуэну сабий гъэсапIэщIэ. Абы иращIэкIа гуфIэгъуэ дауэдапщэм хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алийрэ Налшык къалэ округым и администрацэм и Iэтащхьэ Ахъуэхъу Таймуразрэ. Сабий садым щыгуфIыкIар ар зыхуащIа цIыкIухэм я закъуэкъым. Жылэм къыдэхъуэ щIэблэщIэм тыншыпIэ яхуэхъуну а IуэхущIапIэр мыхьэнэшхуэ зиIэ социальнэ ухуэныгъэщ, сыту жыпIэмэ иужьрей илъэс 30-м къриубыдэу апхуэдэ ухуэныгъэ гуэри Белая Речкэ щекIуэкIакъым. Къызэхуэсахэм а гуфIэгъуэшхуэмкIэ гуапэу ехъуэхъуащ Мусуковыр. Абы и псалъэхэм пищэу зэхуэсым къыщыпсэлъащ Ахъуэхъу Таймурази.
Поделиться:
Читать также:
17.04.2024 - 12:53 →
Урысеймрэ ислъам дунеймрэ
17.04.2024 - 12:45 →
Жыджэру зызыужь IэнатIэ
17.04.2024 - 12:41 →
Спортсменхэр ягъэлъапIэ
15.04.2024 - 12:26 →
«Байконур» космодромыр
15.04.2024 - 12:25 →
Космонавтхэм я шхыныр щхьэхуэщ
|