Ерыскъы гурыхьхэм я махуэшхуэ

Налшык къалэ дэт прогимназие №41-м иджыблагъэ зэIущIэ гуапэ икIи гукъинэж щекIуэкIащ. Абы къыщызэрагъэпэщат «Дыгъэ нэбзийхэр» зыфIаща лъэпкъ фестивалыр. КъыдэкIуэтей щIэблэр лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэхэм щIэпIы­кIыным, ахэр хэкупсэу гъэсэным хуэунэтIауэ прогимназием зэфIигъэкI Iуэхухэм ящыщ зыт махуэшхуэр. Къищынэмы­щIауэ, ныбжьыщIэхэр лъэпкъ IэпщIэлъапщIагъэм щыгъэ­гъуэзэным, цIыхубэ зэхыхьэхэм хэтыфу гъэсэным теухуауэ гъэсакIуэхэмрэ адэ-анэхэмрэ зэрызэдэлажьэм мыхьэнэшхуэ зэриIэр къигъэлъагъуэрт.
IуэхущIапIэм кIуэ сабийхэр зыщIэс гуп къэс цIэ яIэу, абыхэм я адэ-анэхэм япщэфIа лъэпкъ шхыныгъуэхэмкIэ я Iэнэхэр бейуэ ирагъэувэкIат. Ди лъахэм ис лъэпкъхэм я ерыскъы зэмыщхьхэмрэ ахэр Iэнэм зэрытрагъэувэ щIыкIэм­рэ къыщыпщIэну Iуэху дахэт ар. Абы набдзэгубдзаплъэу кIэлъыплъащ къэпщытакIуэ гупри.
Фестивалым хэтащ Налшык къалэ администрацэм Егъэ­джэныгъэмкIэ и департаментым и унафэщIым и къуэдзэ къулыкъур пIалъэкIэ зыгъэзащIэ ХьэщIэлI Иннэ,  а IэнатIэм и лэжьакIуэ Iэрыпщ Iэми­нэ сымэ, адэ-анэхэр, нэгъуэщI хьэщIэ­хэр.
«Дыгъэ нэбзийхэр» ауэ сытми фIащатэкъым махуэшхуэм. Дыгъэм хуэдэу хъурей дэлэнхэр, хъыршынхэр, щIакхъуэхэр - арат фестивалым и жьантIэр а махуэм зылъысар. ФIы­гъуэрэ берычэтрэ зыщIэлъ унагъуэ­хэм псом ящхьэу щагъэ­хьэзырыр къэуат зиIэ а тхьэвхэкI тхъуэплъхэрщ. Анэм игъэжьа а IэфIхэр хэт зы­фIэ­мыфIыр?! Апхуэдэуи нэгъуэщI шхыныгъуэ гурыхьхэр дахэу къытрагъэуват. Прогимна-      зиер унэ етIуанэ зыхуэхъуа сабийхэм щхьэж и анэ нэхъ Iэ­- фIу ипщэфIыр къыздихьауэ арат.
Бжьыхьэм и бэвымрэ уна­гъуэм и хуабэмрэ щызыхэпщIэ зэхыхьэр къыщIызэрагъэпэщар, сабийхэрати, прогимназием къекIуалIэ цIыкIухэм затIыжащ. Къэпщы­такIуэхэми я къалэн мытын­шыр къайхъу­лIащ.

 

 

 

 

 

 

 

Къэбарт Мирэ.
Поделиться: