Бын зиIэ унагъуэхэм зыщIагъакъуэ

А Iуэхум теухуа зэIущIэ иджыблагъэ къызэригъэпэщащ КъБР-м и Парламентым ЛэжьыгъэмкIэ, социальнэ политикэмрэ узыншагъэр хъу­мэнымкIэ и комитетым.

ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэхэу Жанатаев Сэлимрэ Къардэн Муратрэ, КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я лIыкIуэу КъБР-м и Парламентымрэ суд IуэхущIапIэхэмрэ щыIэ ДыщэкI Мадинэ, комитетым хэтхэр.
КъБР-м и Парламентым Лэ­жьыгъэмкIэ, социальнэ политикэмрэ узыншагъэр хъу­мэ­нымкIэ и комитетым и уна-фэщI Къэжэр Хъусен жиIащ УФ-м и Президент Путин Владимиррэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ депутатхэм Зэрызыхуагъэзахэм къызэрыхагъэщар къаIэта Iуэхугъуэм зэпымыууэ я нэIэ трагъэтын зэрыхуейр. Абы дыщIигъуащ унагъуэхэр бэIутIэIуншэу зэ­рып­сэум зэрелъытар цIыху ­къалъхум и бжыгъэм хэ­хъуэныр.
КъБР-м лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ Романовэ Еленэ тепсэлъыхьащ къэралым унагъуэхэм зэрыщызы­щIагъакъуэ Iэмалхэм.
«2013 - 2020 гъэхэм тещIы­хьауэ «КъБР-м щыпсэухэм защIэгъэкъуэным и IуэхукIэ» ­КъБР-м и къэрал программэм теухуауэ» КъБР-м и Правительствэм и унафэр гъэзэщIэ-ным хыхьэу, етхуанэ сабийрэ абы къыкIэлъыкIуэхэмрэ къызы­хэхъуа бынуна­гъуэшхуэхэм (2008 гъэм щIы­шы­­лэм и 1-м мынэхъ пасэу) ­хуитыныгъэ ягъуэт анэм хухах щIыналъэ ахъшэр къратыну е          я псэукIэр ирагъэфIэкIуэным трагъэкIуэдэну сом мин 250-рэ къыIахыну.
2021 гъэм и мазибгъум къриу­быдэу апхуэдэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэм и сертифи-катыр унагъуи 143-м иратащ. Я псэукIэр ирагъэфIэкIуэн папщIэ къагъэсэбэпыну социальнэ дэIэпыкъуныгъэр яIэ­рыхьащ бынунагъуэшхуэу               154-м, псоми зэхэту сом мелуан           33-рэ мини I25-рэ хуэзэу.
Къыхэгъэщыпхъэщ бын куэд зыпI унагъуэхэм я пщIэр къэ­Iэтыным хуэгъэзауэ респуб­ликэм къэрал дамыгъэ зэрыщагъэувар - «Анэм и щIыхь» медалыр. Бынитхум къы­щы­щIэдзауэ 10-м нэс къэзылъхуа, зыпIа анэм а дамыгъэм и ­гъусэу ират сабий къэс хуэзэу сом мини 10. СабиипщIрэ нэхъыбэрэ зыпI анэм къыхуащэху микроавтобус.
2008 - 2020 гъэхэм къриу­быдэу «Анэм и щIыхь» медалыр хуагъэфэщащ бзылъхугъэ 347-м. Абы щыщу «Газель» микроавтобус зратар 40 мэхъу.
Илъэс къэс, гъэ еджэгъуэ­щIэм ирихьэлIэу, Къэбэрдей-Балъкъэрым урысейпсо щIы­хьэху щокIуэкI, сабиигъуэр ­хъумэным зыщIагъэкъуэн мурадкIэ. Абы къыхэкI ахъшэр трагъэкIуадэ унагъуэ хуэмы­щIахэм щыщ сабийхэр школ щIэ­тIысхьэжыгъуэм хуагъэ­хьэ­зы­рыным.
2021 гъэм жэпуэгъуэм и 1-м ирихьэлIэу, апхуэдэ дэIэпы­къуныгъэр яIэрыхьащ сабий 3569-м. А Iуэхум текIуэдащ сом мелуани 7-рэ мини 138-рэ (зым сом мини 2 хуэзэу). Абы хеу­быдэ сабий зеиншэхэр, адэ-анэм я нэIэм щIэмытхэр, ны­къуэдыкъуэхэр, унагъуэ хуэ­мыщIахэм щыпсэу сабийхэр.
Къэпсэлъам къыхигъэщащ сабий щапI унагъуэхэм къэралым зэрызащIигъакъуэ щIы­кIэм зэрыпащэр. Зы жыпхъэм тет дэIэпыкъуныгъэр яIэрохьэ унагъуэ мин 92,7-м (сабийуэ мини 120,9-м тещIыхьауэ). Абы къищынэмыщIауэ, республикэм япэ сабий къызыхэхъуахэм мазэ къэс зыщыщIагъакъуэ.
УФ-м и Президентым «УФ-м и цIыхухэм я бжыгъэм хэгъэ­хъуэным теухуа Iэмалхэр» и Унафэм тету, лэжьыгъэр ирагъэкIуэкI сабий ещанэрэ къы­кIэлъыкIуэхэмрэ къызыхэхъуэ унагъуэ хуэмыщIахэм мазэ къэс ахъшэкIэ защIэгъэкъуэным ехьэлIауэ (сабийм и ныбжьыр илъэ­сищым нэсыху). 2021 гъэм и мазибгъум къриубыдэу а дэIэпыкъуныгъэм хуэныкъуэу унагъуэ 4823-м зыхуагъэзащ (сабий 5232-рэ щапI). Абыхэм псоми зэхэту сом мелуан 665-рэ мин 259,9-рэ иратащ.
КъищынэмыщIауэ, илъэси­щым къыщыщIэдзауэ 7 хъухэм хухах ахъшэри мазэ къэс ят. Ар унагъуэр зэрыхуэмыщIам тещIыхьауэ, сабийм щхьэкIэ нэхъ мащIэ дыдэу зыхуей ахъшэм и процент 50-р, 75-р ират е проценти 100-кIэ зыщIагъакъуэ.
202I гъэм мэлыжьыхьым и 1-м щегъэжьауэ фокIадэм и 30 пщIондэ республикэм социаль­нэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и IэнатIэхэм зэрызыхуагъазэ тхыгъэу мин 37,9-рэ яIэрыхьащ, илъэсищым къыщыщIэдзауэ илъэси 7-м нэс хъухэм папщIэ мазэ къэс зэрызыщIагъакъуэ ахъшэм зэ­рыхуэныкъуэр иту. Абы щыщу тхыгъэ мин 36,3-м хэплъащ, мин 22,07-м арэзы техъуащ. Къыхэгъэщыпхъэщ, жэпуэ­гъуэм и 1-м ирихьэлIэу а дэIэ­пыкъуныгъэр сабий зиIэ унагъуэ мин 40,5-м зэрыратыр.
КъаIэта Iуэхум теухуауэ зэ­IущIэм къыщыпсэлъащ Шэ­рэдж, Дзэлыкъуэ, Прохладнэ районхэм, Прохладнэ къалэм лэжьыгъэмкIэ, цIыхухэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэщынымрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и IуэхущIапIэхэм я уна­фэщIхэу Батчаев Алим, Къущ­хьэ Масирэт, Иокерс Наталье сымэ.
КъБР-м и Парламентым ЛэжьыгъэмкIэ, социальнэ политикэмрэ узыншагъэр хъу­мэнымкIэ и комитетым и уна­фэщIым и къуэдзэ Безгодькэ Владимир къыхигъэщащ ­пандемием и лъэхъэнэм министерствэмрэ абы и къудамэхэмрэ я лэжьыгъэр нэхъ гугъу икIи нэхъыбэ зэрыхъуар. Апхуэдэуи депутатхэр щIэуп­щIащ къэралым унэ зэрит сертификатым пэплъэхэр зы­хуэдизым, бынунагъуэш­хуэ­хэм щIы Iыхьэ зэрыхухах щIы­кIэм епха гугъуехьхэм, сабийхэм я гъэмахуэм зыгъэпсэхугъуэр къызэрызэрагъэпэщым, нэгъуэщIхэми.
ЗэIущIэм щыжаIахэр къэ­лъы­тауэ, зэлэжьыпхъэхэр ягъэбелджылащ.

КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэ.
Поделиться: