Гъуэгу зэпэщхэм гъащIэр ирагъэфIакIуэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Пятигорск къалэм лэжьыгъэ IуэхукIэ щыхуэзащ ГъуэгухэмкIэ федеральнэ агентствэм и уна­фэщI Новиков Роман.

Псалъэмакъыр ирагъэ­кIуэкIащ ГъуэгухэмкIэ феде­ральнэ агентствэм «Кавказ» федеральнэ автомобиль ­гъуэгухэм я управленэ» и ­федеральнэ кIэзонэ Iуэху-щIапIэм и унафэщIу щIэуэ ягъэува Лукашук Александр Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым хиубыдэ щIыналъэхэм я Iэтащхьэхэм щрагъэцIыхуа зэIущIэм и кIэу-хым. А зэIущIэм щыIащ Къэ­рэ­шей-Шэрджэс Республикэм и Iэтащхьэ Темрезов Ра­шид, Ставрополь крайм и губернатор Владимиров ­Владимир, Шэшэн Республикэм къыбгъэдэкIыу Къэрал Думэм и депутату иджыб-       лагъэ зэрыхахам къыхэкIыу «Кавказ» федеральнэ автомобиль гъуэгухэмкIэ управ­ленэм и унафэщIым и къу­-лыкъум текIа Лечхаджиев ­Руслан сымэ. Республикэм тэмэму къызэрыдэлэжьам папщIэ Лечхаджиев Руслан фIыщIэ хуищIри, КIуэкIуэ ­Казбек абы ехъуэхъуащ зы­пэрыува IэнатIэщIэм ехъу­лIэныгъэхэр къыщихьыну.
ГъуэгухэмкIэ федеральнэ агентствэм и унафэщIхэмрэ КIуэкIуэ Казбекрэ щызэп­сэ­лъа зэIущIэм «ФIагъ лъагэ зиIэ гъуэгу шынагъуэншэхэр» федеральнэ проектым ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щызэфIагъэкIахэм щыхэплъэжащ, адэкIэ лъэ­­ныкъуитIыр зэ­р­ызэ­дэ­лажьэр егъэфIэкIуэнымкIэ хэ­кIыпIэхэр щаубзыхуащ. Федеральнэ мыхьэнэ зиIэ автомобиль гъуэгум ящыщу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм хиу­быдэхэр тэмэму зехьэным хуэгъэза лэжьыгъэ нэхъыщ­хьэхэр зэфIэзыгъэкIыр «Кавказ» федеральнэ автомо-          биль гъуэгухэм я управленэрщ. Абы мы гъэм нэхъ пасэу зэфIигъэкIащ Куба-Таба ­къуажэм пэгъунэгъу, псори зэхэту километри 10 хъу Iы-хьэр къызыхуэтыншэу зэгъэ­пэщыжыныр, ар нэхъ бгъуэ щIыныр. Апхуэдэу Аруан ­къуажэм пэмыжыжьэу щыIэ гъуэгу зэхэкIыпIэм щегъэ­жьауэ Аргудан къуажэм и дыхьэпIэм нэсыху зыхуей ­хуагъазэ, Ислъэмей къуажэм хиубыдэу федеральнэ гъуэгум щыщу километри 8 зэ­рагъэпэщыж. Мыгувэу нэхъ шынагъуэншэ хъунущ «Прох­ладнэ - Бахъсэн - Эльбрус» автомобиль гъуэгури.
ГъуэгухэмкIэ федеральнэ агентствэм и унафэкIэ 2022 гъэм «Кавказ» федеральнэ автомобиль гъуэгухэмкIэ управленэ» федеральнэ кIэзонэ IуэхущIапIэр елэжьы-нущ Р-217 «Кавказ» федераль­нэ автомобиль гъуэ­гум ­щыщу километр 23-рэ зэ­гъэпэщыжыным икIи ар нэхъ бгъуэ щIыным. А Iыхьэр зы­хуей хуэгъэзэным пыщIа ухуэныгъэ-монтаж лэжьыгъэ псори 2023 гъэм фIэ­мыкIыу яухын хуейщ. 2022 - 2023 гъэхэм ятещIыхьащ Р-217 «Кавказ» автомобиль гъуэгум щыщу Налшык къалэм къыпэзыкIухь Iыхьэр зэгъэпэщыжынри. Абыхэм къа­дэкIуэу иджыпсту ягъэ­хьэзыр ЯтIэкъуэ, Псынэдахэ, Аруан къуажэхэм,  Дзэлы­къуэ­­къуа­жэ къалэ теплъэ зиIэ жыла­гъуэм дэкI гъуэгу­хэм уэз­дыгъэхэр щыфIэ­дзэнымкIэ проектхэр.
А лэжьыгъэ псори хуэу­-нэтIащ гъуэгухэм транспортыр щызэтремыгъэхьэным, щIэщхъухэр къыщыхъунымкIэ шынагъуэу щыт щIыпIэ-хэр гъэмэщIэным, гъуэгу­ры­кIуэхэм я Iуэхухэр нэхъ тэмэму дэгъэкIыным.
КIуэкIуэ Казбек Лукашук Александр жэуаплыныгъэ зы­пылъ IэнатIэм зэрагъэувамкIэ ехъуэхъуащ икIи гъуэгухэр егъэфIэкIуэным пыщIа Iуэ­ху­хэр зэпкърыхыным хуэгъэза псалъэмакъыр къызэрызэригъэпэщам папщIэ Новиков Роман фIыщIэ хуищIащ. Республикэм и Iэтащхьэм къы- хигъэщхьэхукIащ ГъуэгухэмкIэ федеральнэ агентствэм зыхуигъэувыжа къалэнхэр ­дэгъэкIыным комплекснэу зэрыбгъэдыхьэр. «Къэбэрдей-Балъкъэрым и унафэщI IэнатIэ псоми я зэфIэкIыр хуэунэтIащ «Росавтодор»-м сыт и лъэныкъуэкIи дэIэпы­къуным, абы республикэм щригъэкIуэкI лэжьыгъэхэр щыгъэпсынщIэным. Сэ шэч къытесхьэркъым дызэщIы­гъуу иджыри проект куэд зэрып­хыдгъэкIынум икIи ахэр нэгъэсауэ зэрыдгъэзэщIэнум», - къыхигъэщхьэхукIащ КIуэ­кIуэ Казбек, республикэм и гъуэгухэм зэрызаужьынум и                 гугъу щищIым.

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
Поделиться: