Япэ Президентым и фэеплъу

Дыгулыбгъуей къуажэм пэгъунэгъу уэхым щекIуэкIащ «Джэдыкъуэ плъыжь - 2021» шыгъажэмкIэ зэхьэзэхуэ. Ар хуахахауэ щытащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и япэ Президент КIуэкIуэ Валерий къызэралъхурэ илъэс 80 зэрырикъум. 
Шы къызэдэжэхэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Кърым республикэхэм, Мэзкуу къалэмрэ областымрэ, Санкт-Петербургрэ Ленинград областымрэ, Ставрополь крайм къикIахэр. Шууей 47-рэ щызэхьэзэхуащ километр 40, 80 гъуэгуанэхэм. 
Еханэу екIуэкIа къызэдэжэхэм мы гъэм къыщыщIэдзауэ шыхэми шууейхэми я дежкIэ квалификацэ щытыкIэ иIэнущ. 
«Мы щIыпIэр Кавказ Ищхъэрэм щимызакъуэу, къэрал псом щынэхъыфIхэм ящыщщ. Лъагъуэр удзыпцIэщ, шым нал щIэмылъу ущызекIуэми хъунущ», - къыхигъэщащ зэхьэзэхуэм и судья нэхъыщхьэ, Урысейм гъэугуанэ кIыхькIэ шы къызэдэжэхэм я командэ къыхэхам и тренер нэхъыщхьэ Гекиев Руслан. 
Километр 40-р къыщызэранэкIым пашэныгъэр иубыдащ ПщыукI Амир зытеса шым (КъБР). Абы къыкIэлъокIуэ Ахъуэхъу Анзор (КъБР). Ещанэ хъуащ Кърымым къикIа Гаршинэ Татьянэ. 
Километр 80 гъуэгъуанэм текIуэныгъэ къыщызыхьахэр псори Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщщ. Япэ увыпIэр Iэрыхьащ Махъцы Алихъан. Мысрокъуэ Резуан етIуанэщ. Абыхэм къакIэлъокIуэ ГъущIынэ Къантемыр. 
Зэхьэзэхуэм и саугъэт фондыр сом мин 200 хъууэ щытащ. 
«Мы щIыпIэм щаухуэну ягъэхьэзыр шы спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ дунейпсо центр. ФIыщIэ худощI республикэм и унафэщIхэм, шы спортымкIэ УФ-мрэ КъБР-мрэ я федерацэхэм нобэрей спорт махуэшхуэр къызэгъэпэщынымрэ егъэкIуэкIынымкIэ щIэгъэкъуэн къызэрытхуэхъуам папщIэ», - жиIащ Бахъсэн къалэ администрацэм и Iэтащхьэ Мамхэгъ Хьэчим. 
Зэхьэзэхуэм хэтахэмрэ хьэщIэхэмрэ папщIэ ерыскъыхэкI зэмылIэужьыгъухэр япщIэфащ, къалэм щэнхабзэмкIэ и унэм лэжьакIуэхэм концерт гъэлъэгъуэныгъэхэр ягъэхьэзыращ.
 

Жыласэ Замир.
Поделиться:

Читать также: