УсакIуэм и хъыбарегъащIэ

УсакIуэ гуэрым ныбжьэгъу хьэрычэтыщIэ иIэт. ХьэрычэтыщIэм и Iуэхухэр хъарзынэу кIуатэрт. Нэхъри зригъэубгъун папщIэ нэгъуэщI щIыпIэхэми зэщIылъигъэIэсыну мурад ищIащ. Абы папщIи и унэ лъапсэр ищэу, Iэпхъуэну и гугъэт. Ар усакIуэм елъэIуащ и унэр зэрищэжымкIэ хъыбарегъащIэм, газетым къытридзэн папщIэ,  тIэкIу хухэплъэжыну.

УсакIуэм тхылъымпIэ кIапэрэ къэрэндащрэ къищтэри хъыбарегъащIэр итхащ: «Къуажэ гуэрым щащэ гуфIэгъуэмрэ насыпымрэ я кIуапIэу зы унэ лъапсэ мыин дыдэ. ИгъунэмкIэ щежэх псы цIыкIур зэн-зэныпсым хуэдэу къабзэщ. ПщэдджыжькIэрэ жыг баринэхэм я къудамэхэм бзухэр щобзэрабзэри, гуапэу укъагъэуш. Дыгъэ къыщIэкIыгъуэм унэм нур тредзэ, дыгъэр щыкъухьэкIи, псэр зыгъэтынш жьауэ трещIэ. Жыг хадэ цIыкIум хьэуар щыкъабзэщ, пхъэщхьэмыщхьэмрэ удз гъэгъамрэ я мэр хэзщи».

Мазэ бжыгъэ докIри, усакIуэр щIопщIэ ныбжьэгъум и унэр хуэщамэ.

- Уэ птха хъыбарегъащIэм сыкъеджа нэужь, си унэр сщэну си пщIыхьэпIи къыхэхуэжакъым. ЗыкIи схуэхъуэжынукъым си лъапсэ телъыджэр,- къитащ жэуап.

 

Поделиться: