УнагъуэцIэхэм къахэна лъэужьхэр

Сыт хуэдэ лъэпкъми къызэщIиубыдэ унагъуэцIэхэм    я нэхъыбэм къахощ ахэр зезыхьэ цIыхухэр нэхъапэIуэкIэ зэлэжьу, зыщыщу, дэзыхьэхыу щытахэм я лъэужьхэр. Адыгэхэми  мымащIэу къытхэтщ къызытекIар апхуэдэу нэрылъагъуу  къозыгъащIэ унэцIэхэр. Гурыгъуазэу сызыхэплъа унэцIэ мащIэм къахэзгъуэтащ зи гугъу сщIыхэм хуэди, «Адыгэ псалъэм» и щIэджыкIакIуэхэм садогуашэ. Хэт ищIэрэ, зыгуэрхэр си тхыгъэм къыпэджэжынкIи хъунщ.
1.    ЛъэпкъыцIэхэм къатехъукIа унэцIэхэр:
Абазэ, Алътуд, Балъкъэр, Беслъэн, Журт, Къэзан, Урыс, Урысбий, Къалмыкъ, Къумыкъу, Кърым, Къущхьэ, Къущхьэбий, Къэрэшей, Шэрджэс, Тэтэр, Нэгъуей, Шэшэн.
2.    ХьэкIэкхъуэкIэхэм я цIэхэм къатехъукIахэр:
Аслъэн, Къаплъэн, Дыгъужь, Бажэ, Аслъэныкъуэ.
3.    Iэщхэм я цIэхэм  къатехъукIахэр:
Бжэныхъуэ, БжэныкIэ, Былымгъуэт, Выкхъэ, Вындыжь,  Жэмбэч, Жэмыкуэ, Жэмыхъуэ, КхъуэIуфэ, Кхъуэтепыхьэ, Кхъуэн, Мэлыхъуэ, Мэлыхъуэжь, Танэ, Тэнащ, Шумахуэ, ШкIахъуэ, Шыбзыхъуэ,  ШыкIэбахъуэ, Шыд,  Шыгунэ, Шыгъушэ, Шыкуэ,  Шыпш, Шыхъуэ, Щынахъуэ.
4.    Къуалэбзухэм, джэдкъазым, бжьэм, блэм я цIэхэм  къатехъукIахэр:
Акъ, Акъсырэ, Бадзэ, Бгъэжьнокъуэ, Бжьахъуэ, Бжьэдыгъу, Блэныхь, Джэдгъэф, Джэдгъавэ, Джэдмышх, Гуэгуш, Гъудэ, Къазий, Къашыргъэ,  Къэзанокъуэ.  
5.    «Хьэ» псалъэм къытехъукIахэр:
ХьэхъупащIэ, Хьэвжокъуэ, Хьэбэч, Хьэбэчыр, Хьэбылэ, ХьэбытIэ, ХьэбытIэжь, Хьэдыгъу,  Хьэдзыгъу, Хьэгъэжей, Хьэгъундокъуэ,  Хьэгъур, Хьэжей, Хьэжмэт, Хьэжкъасым, Хьэжнэгъуей, Хьэжпагуэ, Хьэжыкъарэ, Хьэкъул, Хьэкъун, ХьэкIуащэ, Хьэмдэхъу, Хьэмгъуокъу, Хьэмжу, ХьэмыкIу,   Хьэпэ, Хьэтыкъуей, Хьэтэжьыкъуэ, ХьэфIыцIэ, ХьэпащIэ, Хьэсанэ, Хьэту,Хьэх,  Хьэшкъул, Хьэщхъуэжь, Хьэщыкъуей,  ХьэщIэлI, ХьэщIэмахуэ,  ХьэцIыкIу, ХьэIупэ, ХьэIупщ.
6.    Бгыхэм, къуршхэм я цIэхэм къатехъукIахэр:
Бешто, Мэшыкъуэ, Казбек, Iуащхьэмахуэ.
7.    «КIыщ», «гъукIэ» псалъэхэм  къатехъукIахэр:
ГъукIэлI, ГъукIэжь, ГъукIэ, ГъукIэмыхъу, КIыщмахуэ, КIыщыкъуэ, Гъут.
8.    МахуэцIэхэм къатекIахэр:
Гъубж, Гъубжокъуэ, Къумахуэ, Махуэ, Мэрем, Мэремыкъуэ, Мэремкъул, Щомахуэ.
9.    «Нарт» псалъэм къатехъукIахэр:
Нартан, Нарткъалэ, Нартщауэ, Нартбий, Нартокъуэ, НартылI.
10.     «Пщы» псалъэм къатехъукIахэр:
Пщымахуэ, ПщыхуэфI, ПщыхьэщIэ, Пщыбыхь, Пщынокъуэ, Пщыбий, ПщыукI.
11.     Шхыныгъуэхэм я цIэхэм  къатехъукIахэр:
Жэмыкуэ, Кыржын, Лыхь, Хьэтыкъ,   Мэжаджэхь, Шыгъушэ.
12.    «Тхьэ» псалъэм къытехъукIахэр:
ТхьэкIумащIэ, Тхьэкъуахъуэ, Тхьэгъэзит, Тхьэгъэлэдж, Тхьэбысым, Тхьэзэплъ, Тхьэзэплъыж, Тхьэмокъуэ.
13.     «Унэ» псалъэм къытехъукIахэр:
Гъэунэ, Теунэ,  Унэгъэс, Унэжь, Унэрокъуэ, Унэрыхьэ, УнащIэ.
14.    Iэпкълъэпкъым епха псалъэхэм къатехъукIахэр:
Нало, НэщIэпыджэ, ТхьэкIумащIэ, Щхьэгъэпсэу, Щхьэныкъуэ, ЩхьэщэмыщI, Iэрыпщэ.
15.     Щыгъыным къытехъукIахэр:
Афэ, АфэщIагъуэ, КIэрэф, КIагуэ.
16.     Диным къытехъукIахэр:
Ефэнды, Молэ, Хьэжы.
17.     Хым къытехъукIахэр:
Тенджыз.
18.     ЛэжьакIуэлIым къытехъукIахэр:
БжьыхьэлI, Жыласэ, Мэкъуауэ.
Щхьэхуэу сыкъытеувыIэну сыхуейщ  зи къэпсэлъыкIэри тхыкIэри щхьэусыгъуэ гуэрхэмкIэ зэхъуэкIа хъуа адыгэ унэцIэхэм, цIэхэм. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, Иуан-Иван (урысыбзэкIэ - Юанов, Иванов),  ШэкIыхьэщIэ-ШэджыхьэщIэ (урысыбзэкIэ  тIури Шекихачев), ШыкIэбахъуэ-Шыхъуэбахъуэ  (урысыбзэкIэ – Шикабахов, Шихабахов).  АдыгэбзэкIи урысыбзэкIи зи тхыкIэхэр зэтемыхуэ а  унагъуэцIэхэм, хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, зы къежьапIэщ, лъэпкъ лъабжьэщ яIэр. КъинэмыщIауэ,  адыгэ Лиуанхэм ящыщ куэд Лион хъуащ, Вовэхэмрэ Володэхэмрэ Владимиру къыщIидзащ, Жорэ сымэ Георгийм хуэкIуащ.
 Ди жагъуэ зэрыхъущи, апхуэдэурэ захъуэж адыгэ унэцIэхэмрэ цIэхэмрэ.

 

ПЩЫБИЙ СулътIан.
Поделиться: