Хъыршыным и махуэр ягъэлъапIэ

Фестиваль

Мы гъэм япэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щагъэлъэпIащ лъэпкъ шхыныгъуэ IэфIым - хъыршыным - и махуэр. Ди республикэм нэхъыбэрэ щапщэфI ерыскъыщ жыпIэмэ, ущыуэнукъым балъкъэр хъыршыныр. Адыгэ, осетин, балъкъэр дэлэнхэм я пщэфIыкIэр мащIэу зэщхьэщыкIми, я IэфIагъкIэ зэхуэдэщ.

Хъыршыным нобэ ущрохьэлIэ сыт хуэдэ лъэпкъым щыщ унагъуэхэми, шхапIэ къызэрыгуэкIхэми, ресторан ехьэжьахэми. Ар и закъуэу пшхынуи гурыхьщ, шэ, шху шатэ хуэдэхэри докIу.

Шэджэм псыкъелъэ цIыкIухэм я Iэгъуэблагъэм пщэдджыжьым цIыхубэр щызэхуэсащ. Республикэм щыпсэухэри, нэгъуэщI хэгъэгухэм къикIа хьэщIэхэри а щIыпIэ дахэм щызэхуишэсат ерыскъы IэфIым.

КъызэрыгуэкI хъыршыным далъхьэ хабзэр кIэртIоф пIытIарэ кхъуеймрэщ, ауэ махуэшхуэм ар ерыскъы лIэужьыгъуэ куэдкIэ ягъэIэфIащ. А махуэм хъыршын зы минрэ ныкъуэрэ ягъэжьащ пщафIэ IэкIуэлъакIуэ 20-м. ТебэкIэ ягъажьэм нэмыщI, абы папщIэ зэщIагъэплъа жьэгум хъыршыныр щырыщ-плIырыплIу пэрадзэрти, зы дакъикъэм хьэзыр хъурт. Абы еплъыну хуейхэр нэхъыбэжти, цIыкIуи-ини я IутIыжт. Балигъхэм нэмыщI, сабийхэри хэтащ Iуэхум, абыхэми хъыршын зэращIым зэрагъэсащ, уеблэмэ, нэхъ псынщIэу, хъурей дахэу зыщIыфымкIи зэпеуащ.

Хъыршыныр зыгъажьэ бзылъхугъэхэм щхьэкъэIэт ямыIэу, дыгъэм палъыт дэлэныр къыщIрагъэдзырт. КIэртIоф къэпиблрэ кхъуей килограмм 60-рэ зыдэлъ хъыршын ягъэжьащ а махуэм. Къапщтэмэ абы хъыршын лIэужьыгъуэу 15 щащIащ.

Мыр зы лъэпкъ шхыныгъуэу къэнэжыркъым, ар хуабжьу Кавказым фIыуэ щалъэгъуащ, уеблэмэ, пщэдджыжьми, шэджагъуэми, пщыхьэщхьэми щахуэшхынущ. Балъкъэрхэм хъыршыныр дыгъэм, мамырыгъэм, хэхъуэм и нэщэнэу къалъытэ. Зы балъкъэр унагъуи щыIэу къыщIэкIынкъым, хьэжыгъэ, кIэртIоф, кхъуей зи унэ щIэмылъ, хъыршын зыгъэжьэным хуэмыхьэзыр унэгуащи яхэткъым.

Фестивалым кърихьэлIахэм къыхагъэщащ а ерыскъыр фIыуэ зэралъагъур, Кавказым и гугъу щащIкIэ, ар ягу къызэрыкIыр. КъищынэмыщIауэ, апхуэдэ фестивалхэм цIыхухэм гукъыдэж къазэрыритыр, зэрызригъэгъэпсэхур, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм къыхэкIахэр зэрызэригъэцIыхур, нэхъ гъунэгъу зэрызэхуищIыр къыхагъэщащ, апхуэдэуи, лъэпкъхэм я щхьэхуэныгъэхэм теухуа махуэшхуэхэр нэхъыбэрэ зэхашэмэ, зэран зэрымыхъунур ягъэбелджылащ къекIуэлIахэм.

Фестивалыр ягъэдэхащ къэфакIуэ, уэрэджыIакIуэ ныбжьыщIэхэм. Апхуэдэуи щIыпIэм щегъэувэкIа шатырхэм лъэпкъ IэпщIэлъэпщIагъэр щагъэлъэгъуащ, нэхъ пасэм къагъэсэбэпу щыта хьэпшыпхэр щрагъэувэкIащ.

НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ.
Поделиться: