Нобэ

♦Хъыджэбз цIыкIухэм я дунейпсо махуэщ
♦ЦIыхум лы лей зытрилъхьэным ебэныным и дунейпсо махуэщ
♦1956 гъэм
къалъхуащ полицэм и генерал-майор, КъБР-м щIыхь зиIэ и юрист Кумыщ Мухьэрбий.
♦1958 гъэм къалъхуащ къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ, КъБР-м тхылъыр фIыуэ зылъагъухэм я зэгухьэныгъэм и Советым и тхьэмадэ, республикэм и ЩIыхь тхылъыр зыхуагъэфэща Бекъул Аслъэнбэч.
♦1967 гъэм къалъхуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и унафэщIу 2004 - 2010 гъэхэм лэжьа ПщыхьэщIэ Iэнас.

Дыгъэр къыщIэкIынущ сыхьэти 6-рэ дакъикъэ 14-м, къухьэжынущ сыхьэт 17-рэ дакъикъэ 30-м.
Махуэм и кIыхьагъщ сыхьэт 11-рэ дакъикъэ 16-рэ.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru сайтым зэритымкIэ, ди республикэм махуэм пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 15-16, жэщым градус 8-9 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:
ЗыщIэн зымыщIэжым и унэ иречри иресэж.

 

 

Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 НОБЭ
19.04.2024 - 16:23 НОБЭ