Макъамэр зи дуней, зи гъащIэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и мызакъуэу, ди лъэпкъэгъухэр щыпсэу щIыпIэхэм щыцIэрыIуэ, цIыхубэм фIыуэ ялъэгъуа, пщIэ зыхуащI уэрэджыIакIуэ, Урысейм ис лъэпкъхэм я Артиадэмрэ гъуазджэхэмкIэ «Сочэ-20I3» дунейпсо зэпеуэмрэ я лауреат Аслъэн Iэсият хэлъхьэныгъэфI зыхуищI лъэпкъ щэнхабзэм, макъамэ гъуазджэм зэрымыщIэкIэ хухишауэ щыта гъуэгуанэр угъурлыуэ къыхущIэкIащ.

Зэрысабийрэ зыхилъхьэ щымыIэу макъамэр фIыуэ илъагъурти, микрофон папщIэу зыгуэр къищтэрт, гъуджэм бгъэдэувэрти концерт иту къызыщигъэхъурт, уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэхэм заригъэщхьу. Аруан районым хыхьэ Нарткъалэ и курыт еджапIэ №5-м иIа ансамблым хэтащ и 6-7 классхэм щыщIэсым. Район, республикэ зэпеуэхэм а гупым япэ увыпIэхэр куэдрэ къыщихьащ.
Курыт еджапIэм щыщIэсхэм Пугачёвэ Аллэ и уэрэдхэр фIэфI дыдэу, район, республикэ зэпеуэхэм щыжиIэрт. А уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэр нобэр къыздэсми игу дохьэ. Къэбгъэлъагъуэмэ, и япэ уэрэдхэм ящыщщ Пугачёвэм и «Песенка про меня» уэрэдыр. АбыкIэ зэпеуэ гуэрым япэ увыпIэр къыщихьауэ щытащ. ГукIи псэкIи нэхъ пэгъунэгъухэм ящыщщ Ротару Софие, Антонов Юрий, Серов Александр сымэ я уэрэдхэр. Нэхъ щIалэхэм ящыщу Iэсият зи уэрэд дихьэххэм ящыщщ Зарэ.
Школ нэужьым «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблым зыщигъэсащ, лъэпкъ къафэхэм хуабжьу дахьэхырти. Транспорт IуэхущIапIэм щыIэ макъамэ ансамблым и унафэщIу а зэманым щыта, Ингуш, Осетие Ипщэ республикэхэм щIыхь зиIэ я артисткэ Кърым Иринэрэ Iэсиятрэ I986 гъэм зэрыцIыхуащ. УэрэджыIакIуэхэм я республикэ зэпеуэ къэблагъэрт. Абы хэтыну зызыгъэхьэзыра и уэрэджыIакIуэр сымаджэ щыхъум, Иринэ абы и пIэкIэ Iэсият хигъэхьэри, япэ увыпIэр къыхуагъэфэщащ. Аращ и IэщIагъэм щIэдзапIэ хуэхъуари.
И япэ уэрэдхэм ящыщщ илъэс 20 щрикъум «Кабардинка» ансамблым тыгъэ къыхуищIауэ щыта «Iэлъын цIыкIур» цIыхубэ уэрэдыр. Абы и хъыбарыр гъэщIэгъуэнщ. Къэрэшей-Шэрджэсым концерт щатыну кIуа гупым а уэрэдыжьыр зы къуажэ гуэрым щызэхахащ. Къэсыжа нэужь а уэрэдыр къыхуагъэфэщащ, къыщалъхуа махуэм и щIыхькIэ. «Iэлъын цIыкIур» радиом щригъэтха нэужь, зыкъомым ягу дыхьащ икIи абыкIэ куэдым къацIыхуащ.
 «Къэббалъкътелерадиом» и хор Мыз Борис зи унафэщIу щытам Аслъэн Iэсият илъэсипщIкIэ щылэжьащ. Макъамэм хуемыджами, Тхьэм къыбгъэдилъхьа зэфIэкIымрэ кърита макъымрэ къыщхьэпэжащ. КъардэнгъущI Зырамыку къыхуигъуэтыжа цIыхубэ уэрэдхэр фIэфIу куэдрэ игъэзащIэу Iэсият, композитор Iэзэхэми ядэлэжьэну и насып къихьащ. Къэбэрдокъуэ Борис, Вэрокъуэ Валерэ, ЗэрэмыщIэ Заретэ, Къанкъул ФIыцIэ, АфэщIагъуэ Зое, Сокъур Ольгэ, Лосэн Тимур, Лий Аслъэн сымэ макъамэ зыщIалъхьа уэрэдхэр и гъунэжщ. Псалъэхэр Хьэрэдурэ Динэ, Чэрты Мадинэ, Бейтыгъуэн Iэуес, нэгъуэщIхэми ейщ.
- Дунейпсо, Урысейпсо Арт комитетхэм я вице-президент, Бейтыгъуэн Iэуес ди лъэпкъэгъухэр щыпсэу Тыркумрэ Йорданиемрэ I987 гъэм дыщишам, ахэр гуапэу, хуабэу дызэрырагъэблэгъауэ щытар сигу къинэжащ. Си уэрэдхэр къызэхуэсахэм ягу зэрыдыхьэр, зэрапэгъунэгъур я нэгум къищырт. Зэи сщыгъупщэркъым ди щIыналъэм теухуауэ згъэзэщIахэм хэхэсхэм я нэпс къазэрыфIригъэкIуар, - игу къегъэкIыж Iэсият. - Концерт нэужьым зи ныбжь хэкIуэта зы бзылъхугъэ къызбгъэдыхьэри къызэупщIащ зы зэман гуэр зэпызгъэууэ уэрэд щIыжызмыIар къызыхэкIамкIэ. Унагъуэм теухуа щхьэусыгъуэ гуэркIэ пIалъэкIэ утыку сызэримыхьар щыжысIэм, аргуэру къыщIигъужащ: «Уэрэд жумыIэну, Алыхьым къыббгъэдилъхьа зэфIэкIымкIэ цIыхухэм уадэмыгуэшэну, укъызыхуигъэщIар бгъэпщкIуну апхуэдэ хуитыныгъэ уэ уиIэкъым», - къызжиIат цIыхубзым. Нэхъыжьым и псалъэхэм абдежым куэдым срагъэгупсысащ. Гукъинэжщ Москва, Санкт-Петербург къалэхэм, Абхъаз, Адыгэ республикэхэм щыста концертхэр. Сочэ къалэм гъуазджэхэмкIэ щекIуэкIа Олимпиадэри щIэщыгъуэ хъуат. А фестивалым и дыщэ медалымрэ щIыхь тхылъымрэ къысхуагъэфэщащ. Апхуэдэу, «Дыщэ микрофон» саугъэтыр тыгъэ къысхуащIащ.
Аслъэн Iэсият лирикэ уэрэдхэр нэхъ пэгъунэгъущ. Гурэ псэкIэ уэрэдыр зыхимыщIэмэ хужыIэнукъым, утыку хуихьэнукъым. Абы и щхьэусыгъуэр ар цIыхубэм ягу зэрынэмысынырщ. ЗэрытщIэщи, уэрэдыр зэхэзыххэм щапхъуатэр гумрэ псэмрэ къабгъэдэкIыу щыжыпIэм и дежщ.
- Си гъащIэр къыгуэхыпIэ имыIэу зэпха макъамэр си дежкIэ сызэрыбауэ хьэуащ. Утыкушхуэм и IэфIыр зэгуэр зыхэзыщIа цIыхур абы пэIэщIэу псэуфынукъым. Узэрысабийрэ фIыуэ плъэгъуа, удэзыхьэха IэщIагъэм ущыпэрытым и деж абы нэхъыфI щыIэкъым, ар нэсу богъэзащIэ. ЦIыхубэм си уэрэдхэр ягу дыхьэу щыслъагъукIэ абы гукъыдэжрэ гупсэхугъуэу къызитыр къэIуэтэгъуейщ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: