Iуащхьэхэр

Ижь-ижьыж лъандэрэ тхакIуэхэмрэ зып­лъы­хьакIуэхэмрэ Къэбэрдей тIуащIэм я Iуащхьэхэм тетхыхьу, ягъэщIагъуэу къекIуэкIащ. Нобэми абыхэм хъыбарыжь куэд тражыIыхь. Ауэ куэдым ящIэркъым а Iуащхьэхэр къызэрыхъуам и пэжыпIэр. Дэ нэхъ пыухыкIауэ зи гугъу тщIынур Псыхуабэрэ Минводрэ я щIыналъэм ­хиубыдэ Iуащхьэхэрщ.

КъухьэпIэмкIэ укъикIыу Минвод укъыщы­хуэкIуэкIэ, япэу узыIуплъэр сэмэгурабгъумкIэ къыщыт Кинжал бгы лъэлъэжращ. Зэгуэр а Iуащ­хьэм метр 507-рэ и лъагагъыу щытащ. Абы и ­гъунэгъуу Кокуртлы вулканыр къыщытщ. ИжьырабгъумкIэ узыIущIэр Верблюд жыхуиIэ Iуащхьэращ, адэкIэ Бык, Шелудивая, Бещто (ар Iуащхьиблу зэхэтщ: Медовая, Острая, Тупая, Шелудивая, мэз Iувыр «пыIэу» зыщхьэрыс Железная, Развалка, Змеевой). Абыхэм къакIэлъокIуэ Псыхуабэ и Iуащхьитхур: Лысая, Мэшыкъуэ, Золотой курган, Юца, Джуца.
Илъэс мелуани 140-150-кIэ узэIэбэкIыжмэ, Кавказ къуршыжьхэм я тхыцIэр хытIыгу зыбжанэу хым къыхэщу, мы щIыпIэхэр зэрыщыткIэ псы лъабжьэу щытащ. Илъэс мелуан 30-40 ипэкIэ щIыгу гъущэхэр къэунэхуащ. Ауэ нобэ тлъагъу ди къуршыжьхэр зэрыщыт дыдэм хуэдэу къыщыунэхуар илъэс мелуан 15-кIэ узэIэбэкIыжмэщ. Къыхэгъэщыпхъэщи, илъэсым миллиметр 15-30-кIэ Кавказым «зеIэт» нобэми.
Сыт-тIэ, Кавказ тхыцIэм пэжыжьэу, дызы­теп­сэлъыхь Iуащхьэхэр щхьэхуэу къыщIэунэхуар? Псоми зэрытщIэщи, ЩIым и купщIэр пщтырщ. АпхуэдизкIэ пщтырщи, щIыр къегъэкъуалъэри, гъуэ­зымрэ мафIэмрэ щIы лъабжьэм щIэмызэгъэжу, щIы щхьэфэм къыдрехуей. Апхуэдэущ зи гугъу тщIы Iуащхьэхэри (нэхъ тэмэму жыпIэмэ, вулканхэр!) къызэрыунэхуар. Минвод и Iуащхьэхэр а щIыпIэм деж илъэс мелуани 4 хъуауэ щытщ, ауэ щIы къэкъуалъэм яужь дыдэу зыкъыщигъэлъэ­гъуар илъэс мелуани 3,2-3,8-рэ ипэкIэщ - Iуащхьэмахуэрэ Казбекрэ здэщыт щIыпIэм деж къыщып­хиуду, а вулканхэр къыщыунэхуам щыгъуэ.
Минводрэ Псыхуабэрэ Iуащхьэу щыIэхэр къы­зэ­рыунэхуар апхуэдэущ, абы къыхэкIыу абыхэм «лакколиткIэ» йоджэ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, вулкан хъуным нэмыса. КъэхутакIуэхэм къызэралъытэмкIэ, зэгуэр Бещто, Бык, Развалка, Железная Iуащхьэхэм щIы къэкъуалъэр къыдэкIуейрти, къикIыну хунэмысурэ жырт, и къикIыпIэр IуищIэжу. Iуащхьэ лъабжьэм щызэхуихьэса гъуэзыр гъуагъуэу щIы лъабжьэм щызекIуэрт, макъ шынагъуэхэр ­къигъэIуу. ЩIы къэкъуалъэр а щIыпIэхэм деж къыщикIыну къеIащ, ауэ зыкъиIэта мыхъумэ, щIыр къыхузэгуэмытхъыу, адэкIэ Iэпхъуэурэ Iуащхьэмахуэ деж къыщыпхиудауэ аращ. Уэшхымрэ жьыбгъэмрэ Iуащхьэ зыкъэзыIэтам и щхьэфэр трилъэсыкIырти, гъуджэм хуэдэу джафэ хъужауэ лавэ жар къыщIэщырт.

 

 

Фырэ Анфисэ.
Поделиться:

Читать также: