Тетис тенджызырКурыт еджапIэ щIэс дэтхэнэ зы ныбжьыщIэми къыбжиIэнущ ЩIым тенджызиплI зэриIэр. Кавказым ахэр фIыуэ пэжыжьэщ. Ауэ куэдым ящIэркъым езы Кавказыр пасэрей зэман жыжьэм тенджыз лъабжьэу зэрыщытар. Ди щIыналъэр къапщтэмэ, псыхъуэхэм пасэрей псы псэущхьэхэр зыхэжыхьа мывэ гъэщIэгъуэнхэм уащрохьэлIэ. Псалъэм папщIэ, мэл бжьакъуэм хуэдэу шыхьа аммонитхэр, шэ папцIэм ещхь белемнитхэр, къинэмыщIхэри. Апхуэдэщ Европэмрэ Азиемрэ зэрыщыту. Ахэр къыздикIам и жэуап къалъыхъуэу, еджагъэшхуэхэм къэхутэныгъэ куэд ирагъэкIуэкIащ. ИкIэм-икIэжым, псори арэзы техъуащ, илъэс мелардкIэ узэIэбэкIыжмэ, пасэрей континентхэу Гондванэрэ Лавразиемрэ я зэхуакум Тетис зыфIаща тенджыз абрагъуэ дэтауэ. А зэманым континентхэр кIэщI-кIэщIурэ хъейрт, «къакIухьырти», Тетисри и пIэ иттэкъым. Ауэрэ, хы зыбжанэу зэкIэщIэжащ. Сармат хым Кърымымрэ Кавказымрэ къызэщIиубыдэу щытащ икIи, Дунейпсо тенджызым къыхэщхьэхукIри, нобэрей ЩIыкурытых, Каспий, хы ФIыцIэ жиIэу зэкIэщIэжащ. Сармат хыр апхуэдэ щIыкIэу зэпыуда щIэхъуам и щхьэусыгъуэу къалъытэр Кавказ къуршхэр къызэрыдэкIуеяращ.
Поделиться:
Читать также:
19.04.2024 - 17:44 →
ЩIэблэ къабзэ къытщIохъуэ
15.04.2024 - 14:52 →
Агуий и Iэхэлъахэм
15.04.2024 - 12:10 →
Гагарин и гуфIэкIэ
11.04.2024 - 09:30 →
УнафэщIхэмрэ IэнатIэ лъыхъуэхэмрэ зэрощIэ
10.04.2024 - 11:00 →
Дисанэ и ехъулIэныгъэ
|