Къэшэж Иннэ ящыгъупщэркъымКъБКъУ-м и щIэныгъэ библиотекэм щекIуэкIащ «Светлый взгляд Инны Кашежевой» пшыхь гукъинэжыр. Ар къызэрагъэпэщащ КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, СССР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта усакIуэ, зэдзэкIакIуэ Къэшэж Иннэ къызэралъхурэ илъэс 75-рэ щрикъум ирихьэлIэу. Пшыхьыр иригъэкIуэкIащ КъБКъУ-м и библиотекэм и лъахэхутэ къудамэм и лэжьакIуэ Къэмбэчокъуэ Альбинэ. Зэхыхьэ гуапэр ирагъэжьащ Къэшэж Иннэ и «Къафэ» усэмкIэ - езыр абы къеджэжу зытет дискыр къагъэсэбэпащ, адыгэ фащэ екIур зыщыгъ щIалэмрэ хъыджэбзымрэ къыдэфащ.
Поделиться:
Читать также:
17.03.2024 - 11:10 →
Илъэс 40 гъуэгуанэ
17.03.2024 - 10:08 →
СурэтыщI, егъэджакIуэ
14.03.2024 - 17:35 →
«Адыгэжьхэр щыстхкIэ, сщохъу лъэхъэнэ жыжьэхэм сахьыж…»
07.03.2024 - 23:17 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ЦIыхубзхэм я дунейпсо махуэм теухуа и хъуэхъу
04.03.2024 - 19:10 →
ЛIэужьыгъуэхэр
|