Зи анэдэлъхубзэр зыIурылъым фIыщIэ хуэфащэщ

Налшык къалэм щыщ Балъкъэр Дианэ Чех Республикэм и Прагэ къалэм туризмымкIэ менеджер IэщIагъэр щызригъэгъуэтащ. И анэдэлъхубзэм къыдэкIуэу, Дианэ инджылызыбзэри чехыбзэри уэрсэру ещIэ, Прагэ и Карловэ университетым и лэжьакIуэщ икIи Урысейм и лIыкIуэу абы щIэх-щIэхыурэ макIуэ. Хъыджэбз жыджэрыр иджыпсту Налшык щопсэу икIи щолажьэ. 

- «Адыгэбзэр зэзмыгьащIэу урысыбзэр сщIэн сльэкIакьым!» жиIэгьащ ди усакIуэ цIэрыIуэ КIыщокъуэ Алим. Зи анэдэлъхубзэр фIыуэ зыщIэм шэч хэлъкъым хамэ къэралыбзэхэр нэхъ тыншу зэрызригъэщIэфынум. 
- Шэч хэмылъу, хамэ къэралыбзэхэр зэзгъэщIэнымкIэ си анэдэлъхубзэр фIыуэ зэрысщIэр дэIэпыкъуэгъу къысхуэхъуащ. Чехыбзэр къухьэпIэ-cлавян бзэ гупым хохьэ. Ар зыкъомкIэ урысыбзэм и къэпсэлъыкIэм тохуэ. Аращ ар СНГ-м хыхьэ къэралхэм щыпсэухэм тыншу щIызрагъэщIэфыр.
Адыгэбзэмрэ инджылызыбзэмрэ зэгъэщIэнымкIэ «Дипсэ» интернет сайтыр IэмалыфIщ, ауэ онлайн-псалъалъэ къудейкIэ Iуэхур зэфIэкIынукъым. Бзэр еджапIэм щыбджын е егъэджакIуэ щхьэхуэм и нэIэм ущIэту зэбгъэщIэн хуейщ, а бзэм ирипсалъэхэм щIэх-щIэхыурэ уепсэлъылIэн хуейщ. АдыгэбзэкIэ щыIэ художественнэ тхылъхэмрэ теленэтынхэмри абыкIэ дэIэпыкъуэгъуфIщ. Бзэр къэбгъэсэбэпмэ, тыншу пхузэгъэщIэнущ. Абы фIыуэ сыщыгъуазэщ, сыту жыпIэмэ, си анэр илъэс 35-рэ хъуауэ егъэджэныгъэм пыщIауэ мэлажьэ, Налшык къалэм дэт «Успех» школым адыгэбзэмкIэ щрегъаджэ. Урысейм щIыхь зиIэ и егъэджакIуэщ. Си анэм лъэпкъ псалъэжь куэд гукIэ ещIэ икIи щыпсалъэкIэ ахэр куэдрэ къегъэсэбэп.
- Щхьэусыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ адэжь хэкум пэIэщIэхэм я анэдэлъхубзэм пщIэрэ гулъытэрэ зэрыхуащIыр гуапэщ. 
- Дэнэ щIыпIэ сыщыIэми, си анэдэлъхубзэр IэщIыб сщIыркъым. Си анэшхуэ АпекIуэ Ленэ Америкэм и Штат Зэгуэтхэм къикIыу Прагэ адыгэбзэкIэ тхыгъэ къыщысхуигъэхьам гуапэ дыдэ сщыхъуат. 
Сэ къызэрыслъытэмкIэ, уи бзэм и пщIэр бгъэлъахъшэ хъунукъым. Дызэрыщыгъуазэщи, адыгэхэр дуней псом щикъухьащ. Ди бзэм хуэфащэ гулъытэ еттмэ, лъэпкъыр дызэфIэкIуэдынукъым. Дуней псом и плIанэпэ къэс зы адыгэ нэхъ мыхъуми и анэдэлъхубзэр щигъэIуфмэ, ар ехъулIэныгъэщ. Ар щIыжысIэращи, зыщыпсэум емылъытауэ зи бзэр зыIурылъым фIыщIэ хуэфащэщ.
Ди жагъуэ зэрыхъунщи, нобэ Урысейми нэгъуэщI къэралхэми Кавказыр я нэгу къызэрыщIэувэр нэхъапэIуэкIэ къэхъуа Iуэху мыщхьэпэхэмкIэщ. Аращ «Кавказым дыкIуарэт» жызыIэхэр щIэмащIэр. Абы щыгъуэми ди щхьэр лъагэу щIэтIэтын куэд ди щIыпIэм иIэщ: хьэуа къабзэ, гъэмахуи щIымахуи уэс зытелъ бгыхэр, псыежэххэр, мэзхэр. Ауэ «КавказкIэ» зэджэ медалым и лъэныкъуитIым щыщу нэхъыбэм ялъагъур нэхъ мыхъумыщIэращ. Сэ къызолъытэ, дэ етIуанэ лъэныкъуэр дгъэлъэгъуэну ди къалэну.
- Дианэ, иджыпсту сыт нэхъ узэлэжьыр?
- Чехыбзэм ехьэлIа курсхэрщ нэхъыбэу зэман зытезгъэкIуадэр. Псыхуабэ бзэ щIэныгъэхэмкIэ и университетым дэлажьэ МИАНО-м и гъусэу, гуп цIыкIухэм, цIыху щхьэхуэхэм папщIэ дерсхэр сот. КъищынэмыщIауэ, Чех Республикэм кIуэнухэм я тхылъхэр ягъэхьэзырынымкIэ, Чехием и еджапIэ нэхъыщхьэхэм щIэтIысхьэнухэм бзэм и лъэныкъуэкIэ садоIэпыкъу. Гъэ къэс ди щIыналъэм щыщ студент, лэжьакIуэ 12-20-м нэблагъэ Прагэ еджакIуэ е лэжьакIуэ макIуэ. Псом хуэмыдэу хъыбарегъащIэ технологиехэм пыщIахэр, медицинэ лэжьакIуэхэр.

 

Епсэлъар ТЕКIУЖЬ Заретэщ.
Поделиться: