«Урысей зэкъуэт» фракцэм гъатхэ сессием нэхъ зэлэжьыну Iуэхухэр еубзыху![]() Фракцэм и унафэщI Неверов Сергей зэрыжиIамкIэ, апхуэдэхэм ящыщщ ахъшэ зэхэдзэкIэ псэупIэ езыгъэщIхэм я хуитыныгъэхэр хъумэныр, сабийхэм я гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэр шынагъуэншэу къызэгъэпэщыным теухуа законопроектхэр гъэхьэзырыныр, дызыхыхьа илъэсым и бюджетыр зэрагъэзащIэм кIэлъыплъыныр. Къэрал Думэм дыгъуасэ иригъэкIуэкIа пленар зэIущIэм къыщыщыпсалъэм абы къыхигъэщхьэхукIащ «Урысей зэкъуэтым» къыбгъэдэкI депутатхэм дызыхыхьа илъэсым и япэ махуэм щегъэжьауэ къару зыгъуэта хабзэ мардэхэр къызэрагъэсэбэпым гулъытэ хэха хуащIыну зэрамурадыр. «Апхуэдэ мардэхэм ящыщщ нэхъ мащIэ дыдэу ят улахуэр цIыхур псэун папщIэ зыхуей ахъшэм и процент 85-м зэрынагъэсар. Апхуэдэу илъэсыщIэм къыдыщIидзащ Сабийхэм я илъэсипщIым. Президент Путин Владимир къыхилъхьа а жэрдэмыр гъэзэщIэным хуэунэтIа Iуэху хэхахэр зэфIэдгъэкIыну зыхуэдгъэувыжащ», - къыхигъэщхьэхукIащ къэпсалъэм.
Читать далее
|