Зэадэзэкъуэ IэпэIэсэ

 Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм  щагъэлъэпIащ  УФ-м и цIыхубэ, КъБР-м щIыхь ¬ зи¬Iэ я сурэтыщI, республикэм и Къэрал саугъэтым и лауреат, Худо¬жес-твэхэмкIэ Урысей Академием и член-корреспондент, ЩIДАА-м и ¬ака-де¬мик, Красноярск Ксилогра¬фи¬ем¬кIэ щыIэ школым и къызэгъэпэщакIуэ икIи и унафэщI, профес¬сор Пащты Германрэ абы и къуэ,  КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI Пащт-Хъан Алимрэ я творчествэр  фIыуэ зылъагъухэмрэ  изобразительнэ гъуазджэм дихьэххэмрэ я зэIущIэ.  
Музейм и пэшхэм Герман  нэхъ пасэу ищIа лэжьыгъэхэр щыплъагъурт, езы Пащтым зэрыжиIамкIэ, абыхэм яхэтщ   япэ дыдэу ищIахэм ящыщи.
     «Ди щхьэ дыщытхъужыну дыкъэкIуакъым, атIэ нобэкIэ дызэлэжьым дытепсэлъыхьыну, сурэтыщI ныбжьыщIэхэм ди щэхухэмкIэ дадэгуэшэну  аращ»,- жиIащ Герман зэIущIэр къыщызэIуихым.
    Зэадэзэкъуэ сурэтыщIхэм   къыдагъэкIа сурэтылъэхэмрэ каталогхэмрэ  къызэхуэсахэм ирагъэлъагъуурэ я творческэ  гъуэгуанэм,  я лэжьыгъэхэм тепсэлъыхьащ.  Герман  щхьэхуэу къытеувыIащ и  гъэсэнхэм я IэдакъэщIэкIхэмрэ ехъулIэныгъэхэмрэ.  
    И гъэсэнхэм я гугъу щищIым Герман  жиIащ  егъэджэныгъэ Iуэхум куэдрэ зэрытемыгушхуар.  А лэжьыгъэр зэрыгугъум имызакъуэу, сабийхэр къыхуэмыгъэдэIуэнкIэ  шынами,     лэжьэн щIидза иужькIэ, абы гу лъитащ    иригъаджэхэр набдзэгубдзаплъэу къызэредаIуэм,  Iуэхум  яфIэгъэщIэгъуэну зэрыхишэфым (иджыкIэ абы щрегъаджэ Красноярск  художествэмкIэ дэт институтым). Апхуэдэ щIыкIэкIэ Герман къыгурыIуащ  егъэджэныгъэ Iуэхум  зэрыхуэIэзэр,  сабийхэм ядэлэжьэну къызэрымыкIуэу  зэрыфIэфIыр.  
     Пащтым    КсилографиемкIэ Красноярск къыщызэIуиха школым хуэдэу, цIыху 50-м щIигъу  сурэтыщI  - граверу зэхуишэсыфауэ, Урысейм итыр абы зэризакъуэр къыхигъэщащ.
     Къызэхуэсахэм гъэщIэгъуэн ящыхъуу едэIуащ   Герман и гъэсэнхэм  я гъэлъэгъуэныгъэу ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием  и пэшхэм къыщызэрагъэпэщам теухуауэ къиIуэтэжахэм. АбыкIэ сэбэп къахуэхъуащ ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием и  президент Церетели Зураб.
    Герман  жиIащ езым и хъэтIым  ещхь гъэсэн зэримыIэр.
    -Языныкъуэ егъэджакIуэхэм   езыхэм я лэжьыгъэхэм  щапхъэ трахыну я гъэсэнхэр къыхураджэ, уеблэмэ,  къемыщхьхэр фIыуэ зымылъагъуи щыIэщ. Сэ зыкъызагъэщхьу сфIэмыфIым и закъуэкъым, ар яхуэздэнкIэ Iэмал иIэкъым, - жиIащ абы.  
     Герман къызэхуэсахэм яригъэлъэгъуащ и  гъэсэнхэм (I00-м  щIегъу)     ятеухуа тхыгъэ кIэщI, щыпсэу щIыпIэмрэ я телефон  номерхэмри щIыгъужу зэрыт къыдэкIыгъуэр.
     Пащт - Хъан Алим и творчествэм  щытепсэлъхьым, абы къежьапIэфI хуэхъуа Iуэхугъуэр ягу къагъэкIыжащ. I995  гъэм  Академическэ зэхъуэжэкIэ папщIэу    Германием  щыIэ  IуэхущIапIэм  и стипендиер къызэрихьам и фIыгъэкIэ  абы  нэмыцэм щыIэ ХудожествэмкIэ академием  и щIэныгъэм  щыхигъэхъуащ.  Абы яужь   художествэмкIэ  Burg Giebichenstein Академием и  аспирантурэ зыбжанэ - графикэмкIэ, скульптурэмкIэ, медиа – гъуазджэмкIэ къиухыжащ.
-2003 гъэ лъандэрэ  видеоинсталяцие  сщIыну сыщIэхъуэпсырти, 2005 гъэм  зэзгъэхъулIащ фарфорым къыхэщIыкIа  матрешкэхэмкIэ, - жиIащ Пащт - Хъан Алим. Абы жиIэжащ фарфорымкIэ Кореем щекIуэкIа зэпеуэм зэрыхэтар,  щымыгугъыххауэ, абы и матрешкэхэм  дыжьын медаль къыхуагъэфэщат.
     Абы къызэхуэсахэр щигъэгъуэзащ  илъэс куэдкIэ литографием зэрегугъуар, иужькIэ ар скульптурэ  щIыным  дихьэхащ, иджыкIэ фильм ещI.
    - Фильмым и сценариир сэращ зытхар, режиссёрри сэращ, и сурэтхэри езым сощIыж, - ядэгуэшащ къызэхуэсахэм сурэтыщIыр.
      ЩIалэ IэпэIэсэр тепсэлъыхьащ   метри 8 зи лъагагъ и вазэ цIэрыIуэм, ар зэрищIам, абы къыпэджэжахэм.
    ЗэIущIэм и кIэухым  зэадэзэкъуэм  кърихьэлIахэм я упщIэхэм жэуап иратащ.
КъБР-м хуэгъэзауэ  яIэ гуращэхэм  теухуауэ абыхэм жаIащ   я мурадхэр щэхуу къанэмэ  зэрафIэкъабылыр.
     -Мурад пщIыныр, зыгуэрым ущIэхъуэпсыныр зы Iуэхущ - къохъулIэныр нэгъуэщIщ, - жаIэ абыхэм.
    Зым и лэжьыгъэхэм хэлъ  ныкъусаныгъэхэр адрейм  зэрыригъэлъэгъужым теухуауэ абыхэм жаIащ, пэжыр зэрамыбзыщIыр, ауэ  зэманым нэхъ кхъузанэфI зэрыщымыIэр, фIыр абы и лъащIэм дапщэщи къызэринэнур.
     КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къуэдзэ Карчаевэ Аминат   зэадэзэкъуэм, дэнэ щIыпIэ щыIэми, къыщалъхуа  щIыналъэм хуаIэ фIылъагъуныгъэм, я зэфIэкI лъагэм,  КъБР-м и щэнхабзэм хуащIа хэлъхьэныгъэм папщIэ фIыщIэ  яхуищIри, мы зэIущIэр   Герман и  илъэс 80 къэблагъэм пежьэ Iуэхугъуэу зэрыщытыр къыхигъэщащ.

 
 

 

Щомахуэ Залинэ.
Поделиться: