Iуэхугъуэ купщIафIэхэр къапэщылъщКъБР-м и Парламентым и бжьыхьэ лэжьэгъуэр къызэрызэIуаха зэIущIэм депутатхэр щедэIуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и бюджетыр 2021 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм зэрагъэзэщIам теухуауэ КъБР-м и Правительствэм ищIа отчётым. КъБР-м финансхэмкIэ и министр Лисун Еленэ зэрыжиIамкIэ, республикэ бюджетым и хэхъуэр сом мелард 21-рэ мелуан 938,3-кIэ ягъэзэщIащ, къигъэсэбэпар сом мелард 21-рэ мелуан 269,4-рэщ. Профицитыр сом мелуан 668-рэ мэхъу. Налог хэхъуэхэр сом меларди 5-рэ мелуан 755-рэ хъуащ (проценти 120,1-рэ), нэгъуэщI хэхъуэхэр - сом мелуан 355-рэ (проценти 121,3-рэ). Зымыгъэзэж хэхъуэу республикэм къыIэрыхьащ сом мелард 15,8-рэ - илъэсым тещIыхьам и процент 50. 2021 гъэм бадзэуэгъуэм и I-м ирихьэлIэу республикэм и къэрал щIыхуэр сом меларди 7-рэ мелуан 330,7-рэ мэхъу. КъищынэмыщIауэ, зэIущIэм КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ къыщыхигъэщхьэхукIащ бжьыхьэ лэжьэгъуэм КъБР-м и Парламентыр нэхъыщхьэу къызытеувыIэну Iуэхухэр. Абы жиIащ бжьыхьэ сессиер гъатхэ лэжьэгъуэм нэхърэ зэрынэхъ кIэщIыр, ауэ абы щхьэкIэ къэмынэу, Iуэхугъуэ купщIафIэхэр зэрырагъэкIуэкIынур. - Бжьыхьэ лэжьэгъуэр щIэддзэжащ УФ-м и Къэрал Думэм и хабзэубзыху лэжьыгъэр къэкIуэну илъэситхум зыгъэбелджылыну хахахэр я къалэным щыпэрыхьэм техуэу. Абы къыхэкIыу КъБР-м и Парламентми и лэжьыгъэр абыхэм къыхалъхьэм куэдкIэ хуэунэтIауэ щытынущ. Къэрал Думэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэу хэтыну хахахэм нобэ сехъуэхъуащ икIи сащогугъ, нэхъ ипэIуэкIи хуэдэу, дяпэкIи купщIафIэу дызэдэлэжьэну, - къыхигъэщащ Егоровэм. – Зэрыхабзэу, ди нэIэ тедгъэтынущ федеральнэ законодательствэм игъуэт зэхъуэкIыныгъэхэм тещIыхьауэ ди щIыналъэ законхэри зэрызэдгъэзэхуэнум. Псалъэм папщIэ, нобэрей зэIущIэм къыщытщтащ УФ-м и Конституцэм ипкъ иткIэ республикэ закон зыбжанэм зэхъуэкIыныгъэхэр зэрыхэтлъхьэр къыщыгъэлъэгъуа дэфтэрхэр. Къыхэзгъэщыну сыхуейт КъБР-м и Парламентыр сыт щыгъуи хуэдэу набдзэгубдзаплъэу зэрыхэплъэнур республикэ бюджетыр къэкIуэну илъэсищым зэрытрагуашэм теухуа законым и проектым. Апхуэдэуи депутатхэм гулъытэ хэха хуащIынущ республикэ законхэр зэрагъэзащIэми. Парламент къэпщытэныгъэхэм хиубыдэу Iуэхугъуэ 30-м щIигъу едгъэкIуэкIыну ди мурадщ. Абыхэм къызэщIедгъэубыдэнущ стIол хъурейхэр, комитетхэм, Правительствэм хухах сыхьэтхэр, районхэм щедгъэкIуэкI зэIущIэхэр, нэгъуэщIхэри. Къэбэрдей-Балъкъэрым и илъэси I00-м и щIыхькIэ къызэдгъэпэщынущ «Къэбэрдей-Балъкъэрыр Урысей Федерацэм хэту: щIэдзапIэр, зэрызэфIэувар, зэрызиужьар» зыфIэтща конференцыр. Си гугъэмкIэ, щIэщыгъуэ икIи щхьэпэ хъунущ депутат ныбжьыщIэхэм я зэхыхьэ къызэрызэдгъэпэщынури. Мазищ пIалъэкIэ дызэлэжьын Iуэхугъуэ куэд диIэщ.
Поделиться:
Читать также:
13.04.2024 - 15:23 →
Махуэшхуэм зыхуагъэхьэзыр
13.04.2024 - 13:44 →
ЩытыкIэр я нэIэ щIэтщ
13.04.2024 - 11:18 →
Дзэм ираджэнухэр
13.04.2024 - 10:08 →
Зэгухьэныгъэм зэфIигъэкIар
06.04.2024 - 10:26 →
Театрхэм я ехъулIэныгъэ, я гугъуехь
|