«Жьы» псалъэм къытепщIыкIахэрЖьыбгъэ – къыкъуэуурэ къепщэ жьы. Жьыуейпсыуей – жьыи къепщэу, уэшхи къешхыу; уэтIпсытI. Жьыпэу, жьыугъуэджэ – жьы къыщемыпщэ щIыпIэ. («Унэ блыниплIри сэ зыкIи жьыпэу а махуэм схуэмыхъут»). Жьапщае – жьышхуэ, жьы шынагъуэ. Дуней жьапщае. Жьычу – «жьычу зэщIэщтхьэн», «щIымахуэ жьычым», «дунейри жьычу зэщIэщтхьауэ». ЖьыгъуркI – жьы пщтыр, жьы хуабэ. Губгъуэшэкъракъым (къумым) жьы пщтыр къыщытщIихуащ. Жьыхъарз – жьы кIэрахъуэ. Жьыкурий – гъуэжькуий. Мэкъу аргъынэр жьы гъуэжькуийм губгъуэм ирикъухьащ. ЖьыщIэху – жьы мащIэ къыщепщэм деж апхуэдэу хужаIэ (пщэдджыжьым, пщыхьэщхьэм, къинэмыщIхэми). Жьыху – 1. Жьы иризыщIрагъэхуу IэкIэ яIыгъ хьэпшып; 2. Псэуалъэхэр щIыIэтыIэ зэращI иджырей электроIэмэпсымэ.
Поделиться:
Читать также:
25.04.2024 - 13:00 →
Хэкур фIыуэ лъагъуным хуаущий
23.04.2024 - 19:01 →
ГъуэгуфIхэр нэхъыбэ мэхъу
23.04.2024 - 13:54 →
Зэхуэсышхуэм зыхуагъэхьэзыр
23.04.2024 - 12:52 →
Компьютер щIэпхъаджащIэхэм щахъумэ
23.04.2024 - 10:48 →
Iуащхьэмахуэ куэдым я плъапIэщ
|