Къуэпсыбэрэ зэнзэныпсуАбын – аращ зэреджэр 1835 гъэм быдапIэ папщIэу яухуауэ щыта Абинск къалэ цIыкIум пхрыж псым. Лъахэхутэхэм ящыщу языныкъуэхэм къызэралъытэмкIэ, а цIэр „мэз“ мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм хэт „абнэ“ псалъэм къытехъукIащ. IыпIэцIэхэр джыным илъэс куэдкIэ яужь ита Твёрдый Александр «Топонимика Кавказа» и тхылъ удэзыхьэхым зэрыщитхымкIэ, «Абын» фIэщыгъэр а бзэ дыдэм «быдапIэ» мыхьэнэ зиIэу къыщыкIуэ «абаа» жыIэкIэми йокIуалIэ, дызытепсэлъыхь щIыпIэм и Iэгъуэблагъэм щыпсэуа «абун» мэуэт лъэпкъым зэреджэу щытами хуокIуэ, апхуэдэуи, илъэс 2150-рэ ипэкIэ псэуа алыдж астроном, математик, географ Птолемей Клавдий КъухьэпIэ Кавказым хузэхилъхьауэ щыта картэм къыщигъэлъэгъуа Абунис быдапIэжьым и цIэми ирагъэщхь. Зи гугъу тщIы псыр Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм едза тхыцIэ нэхъ цIыкIухэм ящыщ зым, «Къуацэ гъуркIэ» дызэджэм, ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэ гъэза и джабэ нэкIухэм къыщожьэри, ищхьэхэмкIэ, зихуэдэ щымыIэу, зэнзэныпсу къабзэрэ къуэпсыбэу зыкъыщызэщIекъуэ. Шапсыгъхэм, зэрыщыту къатщтэмэ адыгэхэм, я щэнхабзэм дихьэххэр кIуэ пэтми нэхъыбэ зэрыхъум и фIыгъэкIэ, Абын и кIейм зыщызыплъыхь щIыпIаплъэхэм я бжыгъэми иужьрей илъэсхэм хэпщIыкIыу хэхъуащ. Ахэр малъхъэдису зыщIэзышэ нэгузегъэужьыпIэхэм ящыщщ, ижь-ижьыж лъандэрэ мы къуэладжэм адэкIэ-мыдэкIэ Iэрамэ-Iэрамэу щызэхэт испы унэхэри (дольменхэр, мегалитхэр). Зи ныбжьыр илъэс мини 3-м щхьэдэха а ухуэныгъэ телъыджэхэр щIыпIаплъэрыгъуазэхэм, ди гуапэ зэрыхъунщи, зрапхыр адыгэхэм я тхыдэм и закъуэщ. ИпэжыпIэкIи, мывэ джафэ пхъэбгъушхуэхэр апхуэдизу дахэу икIи зэгъэкIуауэ зэтегъэзэгъащи, яIуплъэ дэтхэнэми ямыгъэщIэгъуэн яхузэфIэкIыркъым. Мегалитхэм нэхъыбэ дыдэу узыщрихьэлIэр Абын хэлъэдэж Жьанэпс псы бгъунж цIыкIум и Iуфэрщ. Гъэм и хуабэгъуэм зыкърезыгъэхьэлIэ щIыпIаплъэхэм зи лъащIэр лъагэу щхьэщыIэтыкIа машинэхэмкIэ (джип лIэужьыгъуэхэмкIэ) Абын и псыхъуэр къызэхажыхь. Бдзэжьей щещэну къыдыхьэхэми я бжыгъэри мащIэкъым, ахэри мы щIыпIэм «къуентхъыншэ» зэрыщымыхъум и щыхьэту.
Поделиться:
Читать также:
15.04.2024 - 14:52 →
Агуий и Iэхэлъахэм
29.03.2024 - 12:24 →
Бийм зы гупу пэщIигъэуват
20.03.2024 - 11:17 →
Къанжал зауэм и щхьэусыгъуэр
24.02.2024 - 12:05 →
КъикIуэт зымыщIэт Къардэн Сыхьэт-Джэрий
16.02.2024 - 12:58 →
Атаман щхьэщытхъум зэрыIущIар
|