Африкэм щолажьэ Къармэр

Илъэсищ хъуауэ Къармэ Астемыр Африкэ Ипщэм щолажьэ, Йоханнесбург къалэм дэт AxxonSoft (ITV) IуэхущIапIэм хьэрычэт IэнатIэм зегъэужьынымкIэ и унафэщI къулыкъур къыщыхуагъэфэщауэ. ЩIалэщIэм и лэжьыгъэр зытеухуар шынагъуэншагъэм ехьэлIауэ программэхэр зэхэгъэувэнырщ.

КъБКъУ-р къиуха нэужь, (Урысейм и студент нэхъыфIхэм я зэпеуэм еханэ увыпIэр щиIыгъыу еджащ) Астемыр щылэжьэну хунэсащ КъБР-м Курортхэмрэ туризмэмкIэ и министерствэм инвестицэ проектхэмкIэ и къудамэм. 2015 гъэм КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и ЩIалэгъуалэ советым и и жэрдэмкIэ къызэрагъэпэща «Илъэсым и ехъулIэныгъэ» зэхьэзэхуэм «IT технологиехэр» Iыхьэм ар щытекIуауэ щытащ.

Иджыпсту щылажьэ IуэхущIапIэм IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэр къызэрилъыхъуэм и хъыбарыр абы къыжриIат и егъэджакIуэу щыта Гъурф Ритэ. Япэ зэманым Астемыр и лэжьыгъэр Урысейм щыIэу зэфIигъэкIыу екIуэкIащ, итIанэ къыхуагъэлъэгъуащ Азием, КъухьэпIэм е Африкэм щыIэ къэралхэм щыщ зым менеджеру кIуэну.

- Африкэр щIыналъэ бэIутIэIуншэхэм зэращымыщыр гурыIуэгъуэщ, ауэ ар къыщIыхэсхар узэлэжьынрэ узыхущIэкъунрэ абы зэрыщыгъунэжырщ, - жеIэ Къармэм. - Мыбдеж шынагъуэншагъэр тэмэму къыщызэгъэпэщакъым. Махуэ къэс укIыгъэ 60-м нэблагъэ къыщохъу, машинэ щэ бжыгъэхэр ядыгъу, сабийхэм я гугъу умыщIыххи. Абы къыхэкIыу икъукIэ мыхьэнэ зиIэщ ди IуэхущIапIэр зэлэжьыр. ЩIэпхъаджащIэхэр къагъуэтын щхьэкIэ дгъэув системэхэм щIэупщIэшхуэ щаIэщ. Апхуэдэуи мыхьэнэшхуэ иIэщ щIэпхъаджагъэ ялэжьыныр къызэпыудыныр. Псалъэм папщIэ, щIэпхъаджагъэ зылэжьахэм я базэ щыIэщи, абыхэм ящыщ гуэр тыкуэн инхэм щIыхьауэ къыщIэкIмэ, ди программэм хъыбар ирегъащIэ полицэм.

Зы илъэсрэ ныкъуэрэ фIэкIа нэхъ дэмыкIыу Къармэ Астемыр къыхуагъэфэщащ щIыналъэм хьэрычэт Iуэхум зегъэужьынымкIэ и унафэщI IэнатIэр. Ар щылажьэ IэнатIэм и Iуэхутхьэбзэхэр къэрал зэмылIэужьыгъуэ куэдым хэIущIыIу щыхъуащи, зэрызэдэлэжьэну зэгурыIуэныгъэхэм Iэ традзэн мурадкIэ щIэх-щIэхыурэ нэгъуэщI щIыпIэхэм макIуэ. Ар щыIащ Лесотэ, Зимбабве, Замбие, Кение къэралхэм. Иджыри апхуэдэ IуэхукIэ къэрали 10-м щIигъум кIуэн хуейуэ къапэщылъщ.

- Къэбгъэлъагъуэмэ, Африкэ Ипщэр щIагъуэу зызымыужьа щIыналъэщ, ауэ шынагъуэншэ къалэ куэд иIэ хъуащ, дуней псом зыщызыубгъуа «SPAR» сату IуэхущIапIэм и къудамэхэри щыIэщ, - дыщегъэгъуазэ Астемыр. - КъищынэмыщIауэ, ди программэр къэзыгъэсэбэп, дыщэ, налкъутналмэс хуэдэхэр къыщыщIах шахтэ куэд дыдэ мыбы щыIэщ. Проект куэд щыдгъэзэщIащ. «MTN» компанием дызэрыдэлэжьэну зэгурыIуэныгъэм Iэ щIэддзащ - ар Урысейм и «Ростелеком» IуэхущIапIэм хуэдэу мобильнэ зэпыщIэныгъэхэр мыбдеж къыщызэзыгъэпэщ IэнатIэ нэхъ ин дыдэхэм ящыщщ. Ахэр щIэх-щIэхыурэ гугъуехь хэтщ, зэпыщIэныгъэхэр къызэрызэрагъэпэщ пкъохэм фIэдза гъущIыкIэ лъапIэхэр зэрадыгъум къыхэкIыу. Аращи, ди Iэмэпсымэхэр абыхэм щыдгъэува иужькIэ, а щIыпIэм зыгуэр гъунэгъу зэрыхуэхъуу полицэм и лэжьакIуэхэм е хъумакIуэхэм хъыбар ярегъащIэри, хабзэншагъэ ялэжьыну мурад яIэу вышкэхэм бгъэдыхьахэр яубыд.

Африкэм ущыпсэуну зэрыгугъур зым и дежкIи щэхукъым. Астемыр зэрыжиIэмкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым къигъэзэжа нэужь, лы гъэгъуа килограмми 10-м нэс здехьри, адыгэ шхыныгъуэхэр щепщэфI, абы и хэкум исыж хуэдэу къыщигъэхъуу жеIэ. Къармэр здэщыIэ щIыналъэм щIапхъаджагъэ зылэжьхэр апхуэдизкIэ щыкуэдщи, лъэсу узекIуэ зэрымыхъунур, пщыхьэщхьэм укъызэрыдэмыкIыпхъэр - щхьэхуэныгъэ куэд хэлъщ Африкэм и гъащIэм. Къармэм къыхиха гъуэгур мытыншми, и мурадхэр и Iыхьлыхэм къызэрыдаIыгъым къару къыхелъхьэ. Илъэсищ ипэкIэ щIыналъэ нэхъ хуэмыщIа дыдэхэм ящыщт Астемыр здэкIуар, иджы абы жеIэ иужьрей илъэсым я IуэхущIапIэм зэфIигъэкIар нэрылъагъу хъуауэ.

Къэбэрдей-Балъкъэрми проект зыбжанэ абы щегъэзащIэ. ЦIыху мин 18-м щIигъум къагъэсэбэп хъуа «Скидки КБР» мобильнэ гуэдзэныр къэзыгупсысар Къармэращ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм нэхъ пуд щыхъуа путевкэхэр, акцэхэр абы къегъэлъагъуэ. НапэкIуэцIыр къыщызэIупхкIэ нарт лIыхъужьым и теплъэр къытридзэу ищIащ. Зи гугъу тщIа Iуэхутхьэбзэхэм къищынэмыщIа, республикэм теухуа хъыбарыщIэхэм, дунейм и щытыкIэнум, нэгъуэщI куэдми абдеж зыщыщыбгъэгъуэзэфынущ. Астемыр республикэм къыщихьа саугъэтымкIэ дунейм щыяпэу къызэригъэпэщащ зи нэм фIыуэ имылъагъухэм папщIэ Интернет сайтри.

- Уи Хэкум сэбэп ухуэхъун щхьэкIэ абы Iэмал имыIэу ущыIэн хуейуэ щыткъым иджырей зэманым. Нэхъыщхьэр апхуэдэ гукъыдэж уиIэнырщ. Ущыпсэуну дэнэт узыхуейр жаIэмэ, шэч хэмылъу, ар си лъахэращ, - жеIэ Астемыр. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр щIыналъэ цIыкIуу щытми, щIыдагъэ, газ фIыгъуэхэр бгъэдэмылъми, зыбужьын щхьэкIэ Iэмалхэр щыIэщ, узыщыгугъын хуейр уи къарурщ. Дэтхэнэми сыхьэт 24-рэ иIэщ зы жэщ-махуэм. Махуэ къэс узэупщIыжын хуейщ: Сыт нобэ сщIар нэхъыфI сыхъун щхьэкIэ?

Инджылызыбзэр зэгъэщIапхъэщ. Фи фIэщ фщIы, дызэплъэкIыжыну дыхунэсынукъым, апхуэдизкIэ щIэхыу ар ди гъащIэм къыхыхьэнущи. Анэдэлъхубзэм къищынэмыщIа, иджыри зы бзэ зэбгъэщIэхукIэ уи къэухьым хохъуэ. Зэманыр псынщIэу йожэкIри, щIалэгъуалэри нэхъ жыджэру щытын хуейуэ къызолъытэ - я Iуэху еплъыкIэхэр къагъэлъэгъуэфу, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм хэту, утыку къихьэфу. Ди зэманым IэщIагъэншэу ущытыныр къезэгъыжыркъым. Апхуэдэуи цIыхум зэрызиIэт Iэмалхэм ящыщу къызолъытэ хамэ щIыпIэхэм я псэукIэм зыщигъэгъуэзэныр. Иджыпстурей зэманым хамэ къэрал куэдым еджакIуэ укIуэ мэхъу. Сэ къэрал куэдым сыщыIащ. Шэч хэмылъу, дунейм, цIыхухэм, нэгъуэщI лъэпкъхэм ятеухуауэ куэд къэсщIащ, си еплъыкIэми зихъуэжащ, - дыщIегъу Къармэм.  

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: