Коронавирусыр зэуалIэхэм я бжыгъэм хохъуэ

Оперативнэ штабым къызэритымкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым аргуэру коронавирус уз зэрыцIалэм зыщиубгъуу ­хуежьащ. ФокIадэм и 30-м ирихьэлIэу сымаджэщу плIым цIыху 872-рэ щIэлъащ (сабийуэ 15 яхэту), абыхэм ящыщу 106-р хьэлъэ дыдэу. Хэхауэ шынагъуэу щыт уз зэрыцIалэхэр зэуэ­лIахэм щеIэзэ сымаджэщхэм а зэманым щыIащ сымаджэхэм папщIэ гъуэлъыпIэу 937-рэ.

Коронавирус уз зэуэлIахэм иджыпсту щоIэзэ сымаджэщу плIым - Налшык и къалэ сымаджэщ №1-м, къалэ сымаджэщ ­№2-м, Прохладнэ муниципальнэ районым щыIэ район зэхуаку сымаджэщым, Прохладнэ къалэм и сымаджэщым. Лэжьэн щIедзэж Налшык къалэ сымаджэщ №1-м и унэм ковидым ще­Iэзэну къыщызэIуахауэ щыта сымаджэщым. Мы уз зэрыцIалэм зэрыщеIэзэнум аргуэру хуагъэхьэзырыжащ СПИД-мкIэ цент­рымрэ Тэрч муниципальнэ районымрэ я сымаджэщхэр.
Махуэ къэс коронавирусыр къеуэлIауэ шэч зыхуащI цIыхуу    200-м нэблагъэм я узыншагъэр компьютер томографхэмкIэ къап­щытэ. Апхуэдэ аппаратхэр яIэщ Налшык и къалэ клиникэ сымаджэщ №1-м, къалэ клиникэ сымаджэщ №2-м, Прохладнэ къалэм дэт район сымаджэщым, уней клиникэу тIум. НэгъуэщI зы аппарат аргуэру мыгувэу щагъэувынущ Налшык и къалэ клиникэ сымаджэщ №1-м. Мы уз зэрыцIалэр къызэрежьэрэ компьютер томографхэмкIэ цIыху мини 100-м щIигъум, илъэсыр къызэ­рыу­нэхурэ - цIыху 35148-м еплъащ.
Уз зэрыцIалэр зэуэлIахэр къахутэн папщIэ махуэ къэс тест 1700-м щIигъу ирагъэкIуэкI икIи цIыху 80-м нэблагъэ сымаджэ ­хъуауэ къыщIокI. Иужьрей махуищым къриубыдэу сымаджэ нэхъ хьэлъэу, сымаджэ лъэрытету 160-м щIигъу ягъэгъуэлъащ, ма­хуипщIым къриубыдэу сымаджэщхэм щIэлъхэр 340-кIэ нэхъы­бэ хъуащ, а зэман дыдэм цIыху 33-рэ а уз зэрыцIалэм илIыкIащ.
Дохутырхэм зэрыжаIэмкIэ, иджыпсту мы узым цIыхур нэхъ хьэлъэ ещI, ар икIи нэхъ гъэхъужыгъуейщ. Языныкъуэхэм деж мы узыфэр зэуэлIахэм къахокI дохутырым мыкIуэу зызыгъэ­хъужыну хуежьэхэр икIи абыхэм узыр нэхъри хагъэужьынэ. Вакцинэр зыхалъхьахэм ящыщу сымаджэ хъур закъуэтIакъуэщ, апхуэдэхэр узми хьэлъэ дыди ищIыркъым.
Дохутырхэм фигу къагъэкIыж: плъыржьэр, къарууншэ фы­-хъуу хуежьауэ гу лъыфтэмэ, фыпсчэмэ, икIэщIыпIэкIэ полик­линикэм фыпсалъэу дохутыр къевджэн хуейщ. Апхуэдэу цIыху­хэм фащыхыхьэкIэ нэкIуIупхъуэхэр зыIуфлъхьэ, щIэх-щIэхыурэ фи Iэхэр фтхьэщI, Iэмал зэриIэкIэ цIыхухэм защывдзей.

Поделиться: