Пхъэщхьэмыщхьэр кърахьэлIэж

КъБР-м къыщызэрагъэпэщащ тонн мини 150-рэ зыщIэхуэну хъумапIэ. 2016 гъэм республикэм и хъумапIэхэм щIэхуэну щытар зэрыхъур тон 88,5- рэ къудейт, нэгъуэщIу жыпIэнумэ, иужьрей илъэситхум къриубыдэу ар процент 70-кIэ нэхъыбэ хъуащ.

Мы гъэми тонн мин 17-м нэблагъэ зыщIэхуэну хъумапIэщIэ ягъэхьэзырыну я мурадщ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Сыжажэ Хьэсэн къызэрыхигъэщащи, мэкъумэшым елэжьхэм гъавэу, пхъэщхьэмыщхьэу кърахьэлIэм я бэвагъым къыхохъуэри, гъэтIылъыпIэ, хъумапIэ тэмэм уимыIэу, гъавэхэкIхэри пхущыгъэлъынукъым. Псалъэм папщIэ, абы къызэрымыкIуэу хуэныкъуэщ пхъэщхьэмыщхьэ къезыхьэлIэжхэр. Пхъэщхьэмыщхьэм и фIагъри, и теплъэри фIэмыкIуэдын папщIэ, хъумапIэ яухуэхэм щIалъхьэхэр илъэс псокIи зыри къащымыщIу, я теплъэми зимыхъуэжу щIэлъынущ, - жиIащ министрым.

Мы гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым пхъэщхьэмыщхьэу тонн мин 530-рэ къыщрахьэлIэжыну хуагъэфащэ.

 

НАФIэдз Мухьэмэд.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:42 ГъэпцIакIуэр яубыдащ
19.04.2024 - 16:40 Налог щIыхуэшхуэ
19.04.2024 - 16:36 Зыкъамыту хэкIуэдащ
19.04.2024 - 16:26 Щыуагъэм щахъумэу