Ибн БэтIутIэ Псыхуабэ зэрыщыIар

«Къалэхэм телъыджэу дэлъымрэ дунейм зыщыплъыхьыным гъуэзэджэу хэлъымрэ зи щIасэхэм папщIэ тыгъэ», - аращ и цIэр щIы хъурейм зыщиплъыхьу и нэгу щIэкIахэр къалэмкIэ къэзыIуэтэжа дунеяплъэ цIэрыIуэ Ибн БэтIутIэ и тхылъым. Ди жагъуэ зэрыхъущи, абы и хъыбархэр ди щIэныгъэм къызэрыхыхьэр европей зэдзэкIакIуэхэм я къэухьым ипкъ иткIэщ, абы къыхэкIыу, тхакIуэм и псэлъафэ шэрыуэхэр адыгэбзэм къыщидгъэзагъэкIэ, «къуиифэ» къатфIытоуэ. Ауэ щыхъукIэ, Ибн БэтIутIэ ди щIыналъэм япэу къибэкъуа дунеяплъэхэм ящыщ къудейкъым, атIэ и нэгу щIэкIар лIэщIыгъуэхэм япхыкIын хуэдэу къэзыIуэтэжыфахэм язщ.

ЗыплъыхьакIуэм и гъащIэ гъуэгур зыджа Тимофеев Игорь «Ибн БэтIутIэ» зыфIища и тхылъым дыкъыщоджэ: «1334 гъэм накъыгъэм и 6-м Ибн БэтIутIэ иджыри Каир щыIэу зи хъыбар зэхиха Iуэ Дыщэм («Золотая Орда») и тепщэ Iузбэч-хъан и хэщIапIэм нэсащ.

 Ибн БэтIутIэ зэритхыжымкIэ, Iэпхъуэ зэпыту щыт хъаным и епсыхыпIэр Беш-Даг (и мыхьэнэкIэ - «бгитху») жыхуаIэ щIыпIэм щыIэт, нэгъуэщIу жыпIэмэ, иджырей Псыхуабэ (Пятигорск) деж.

«Мы бгитхум, - жеIэ Ибн БэтIутIэ, - тыркухэм зыщагъэпскI псы пщтыр къыщIэжыпIэхэр щыIэщ… Езыхэм зэрыжаIэмкIэ, апхуэдэ псым зыщызыгъэпскIым уз зи цIэ къеуалIэркъым…»

А хъыбарым къыдегъащIэ Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIэж минеральнэ псыхэм узхэр зэрагъэхъужыфым цIыхухэр иджыри Iуэ Дыщэм и зэман лъандэрэ зэрыщыгъуазэр».

Ибн БэтIутIэ и хъыбарым пытщэн ипэ, ар зыхуэза Iузбэч-хъан адыгэхэм зэрапыщIа щIыкIэр дигу къэдмыгъэкIыжу хъунукъым. Тхыдэр зи щIасэхэм фIыуэ ящIэ кърым-тэтэрхэм я хъаныкъуэхэр адыгэхэм, псом хуэмыдэу къэбэрдейхэм, ирагъэпIу зэрыщытар. КъызэрыщIэкIымкIэ, а хабзэр къыщежьар мис мы зи гугъу тщIы Iузбэч-хъан дежщ.

Мы хъаным и цIэм ущрохьэлIэ ТIрахъуэ Рэмэзан «Шэрджэсхэр» зыфIища и тхылъми. «Iузбэч-хъан и ныбжьыр илъэс пщыкIущ ирикъуху адыгэхэм я деж щагъэпщкIуу щытащ, адыгэбзи ищIэрт. Тэтэр-монголхэм я щыхьэр Сарай «шэрджэс колониехэр» зыфIаща псэупIэхэр дэтт. Хъан сэрейм щызэрахьэ Iуэхухэм адыгэхэр апхуэдизкIэ хэпщIати, Iузбэч-хъан и къуэрылъху Бердыбэч иужькIэ, хъаныгъуэр Шэрджэс-хъан зи цIэ тепщэм лъысауэ щытащ», - жеIэ ТIрахъуэм.

«Хьэрып тхыдэтх Ибн БэтIутIэ зэрыжиIэмкIэ, Беш-Даг (иджы – Псыхуабэ) деж хэщIапIэ щызиIа сулътIаныр Кавказ Ищхъэрэм фIыуэ къыщацIыху Iузбэч-хъант. А цIэм ущрохьэлIэ Джулат Ипщэ къалэжьым теухуа тхыдэ напэкIуэцIхэми... Iузбэч-хъан псэемыблэжу Iуэ Дыщэ къэралыгъуэм и дин хъуа ислъамым зригъэубгъурт. Дэфтэрыжьхэм къыхощ абы и къэралым джаур мащIэ дыдэ фIэкIа зэримысыжымкIэ мысыр сулътIаным хъыбар иригъащIэу…», - щыжеIэ лъахэрыдж цIэрыIуэ Кузнецов Владимир 2014 гъэм Налшык къыщыдэкIа «Джулат Ипщэ. Кавказ Ищхъэрэм Iуэ Дыщэм и хъанхэм къыщагъэна къалэжьхэм ятеухуауэ» тхылъым.

Ибн БэтIутIэ дунейр зригъэлъагъуну щежьа зэманым, «шэрджэс» фIэщыгъэр адыгэхэм якIэрыпщIакIэт, ар лъэпкъыцIэ тхуэзыщIари монгол-тэтэр къэралыгъуэращ.

«1240 гъэм дунейм къытехьа «Монголхэм я тхыдэ щэхур» пасэрей тхыгъэм япэ дыдэу къыхохуэ монголхэр адыгэхэм зэреджэу щыта лъэпкъыцIэ «шэрджэсыр», - етх адыгэ Iэщэм и тхыдэм лэжьыгъэ купщафIэхэр тезыухуа Горелик Михаил. - ИужькIэ а псалъэ дыдэр бзэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ адыгэхэм ятетхыхь адрей къуэкIыпIэ тхакIуэхэми къагъэщхьэпэн щIадзащ».

АдэкIэ дедэIуэнщ 1334 гъэм Псыхуабэ щыIа Iузбэч-хъанрэ абы и унагъуэмрэ яхуэза Ибн БэтIутIэ и хъыбарым:

 «Дыздежьа щIыпIэм рэмэдан мазэм и I-м дынэсат, ауэ хъаным и псэупIэр гъуэгу тету къыщIэкIащ, - етхыж Ибн БэтIутIэ. - Абы къыхэкIыу, дыкъыздикIам дгъэзэжащ, хъаныр здэIэпхъуа щIыпIэр абы нэхъ пэгъунэгъути. Си шэтырыр Iуащхьэм тезгъэувэщ, дамыгъэ гуэри кIэрысщIэри, и щIыбагъым шыхэмрэ гухэмрэ щызгъэзэгъащ. Хъаным и хэщIапIэр къыщыблагъэм, езыхэр «Iуэ»-кIэ зэджэ къалэшхуэ къэтлъэгъуащ, тепщэр и пIэ икIыху, псэупIэхэри абыхэм щIэсхэри абы и гъусэу зекIуэу. Мэжджытхэмрэ бэзэрхэмрэ уолъагъу, я пщэфIапIэм къыщIих Iугъуэмэхэр къыпщIехьэ: мыбыхэм я шхыныгъуэхэр гъуэгу зэрытетым хуэдэурэ ягъэхьэзыр, ягухэр шыхэм яшэ. Щепсыхыну щIыпIэм нэса нэужь, шэтырхэр гухэм къытрахри, щIым ягъэув. Апхуэдэ дыдэу мэжджытхэмрэ тыкуэнхэмрэ зэрахьэ. Тпэгунэгъуу сулътIаным и щхьэгъусэхэр блашащ, дэтхэнэ зыми и цIыхухэр къыдэщIыгъуу. Гуащэ еплIанэр, Исабэч-эмирым и пхъур, щыблэкIым, абы Iуащхьэм тет, дамыгъэ зыкIэрыщIа си шэтырым гу лъитэри, сэлам къызэзыхыну щIалэхэмрэ пщащэхэмрэ къысхуигъэкIуащ, си жэуапри Iэрыхьэжыху ежьэжакъым. Сэри езым си гъусэхэм язым тыгъэ хуезгъэхьащ, Тулуктимур и къулыкъущIэр си лIыкIуэу. Ар нэщэнэфIу къэзылъыта гуащэм тыгъэр Iихщ, езым сыпэмыжыжьэу сыкъэувыIэну унафэ къысхуригъэщIри, гъуэгуанэм пищэжащ. СулътIаныр къэса нэужь, епсыхыпIэ щхьэхуэ хузэрагъэпэщащ.

СулътIан щэджащэ Мухьэмэд Iузбэч-хъан теухуа псалъэ

Абы и цIэр Iузбэчщ. «Хъан» жиIэмэ, езыхэм я бзэмкIэ «сулътIан» къикIыу аращ. Ар пащтыхьыгъуэ лъэрызехьэ зыбгъэдэлъ, къарукIэ лъэщ, зи пщIэр лъагэ, зи щэныр екIу сулътIанщ, диным къыщхьэщыжу, Алыхьым и бийхэу Константинополь щыщхэм яхуэпхъашэу. Iузбэч-хъан иIыгъ щIыналъэхэр абрагъуэщ, и къалэхэр инщ. Абыхэм ящыщщ: Кафэ, Кърым, Мэжэр, Азов, Судакъ, Хъэрезм; и пащтыхьыгъуэм и щыхьэрыр Сарай къалэращ. Ар дуней псом нэхъ лъэщрэ нэхъ цIэрыIуэу тет пащтыхьиблым язщ…

Гъуэгу щытетым деж Iузбэч-хъан щхьэхуэу езым и хэщIапIэм щопсэу, и пщылIхэмрэ и къулыкъущIэхэмрэ фIэкIа имыгъусэу. И щхьэгъусэхэм ящыщ дэтхэнэ зыри езым и псэупIэм щIэсыжщ…

И пIэ щиси, гъуэгу щытети, хъаным и Iуэху зехьэкIэм зэгъэзэхуэкIэ телъыджэ зэрыхэлъыр наIуэ пщохъу. Абы и хьэлхэм язщ мэрем махуэм, нэмэз нэужьым, «дыщэ шэтыркIэ» зэджэ и псэупIэ гъэщIэрэщIам зэрыщIэсыр. Шэтырыр дыщэ тхьэмпэхэр зытебза чыхэм къыхэщIыкIащ. И кум пхъэм къыхэщIыкIа тахътэ итщ, ар дыщэпс зытебза дыжьын тхьэмпэхэмкIэ къэгъэтIылъыхьащ, и щIыIум мывэ лъапIэхэр хэпхъащ. СулътIаныр и тахътэм йотIысхьэ; ижьырабгъумкIэ Тайтуглы-гуащэр мэтIыс, абы Кэбэк-гуащэр къыбгъэдэсщ. СэмэгумкIэ Баялун-гуащэр мэтIыс, абы Урдуджи-гуащэр къыбгъэдэсщ. Тахътэ лъапэм и ижьырабгъумкIэ сулътIаным и къуэ Тинабэч, сэмэгумкIэ – и къуэ етIуанэ Джанбэч къыщысщ. И пащхьэм ипхъу Иткуджуджук къисщ…

Сэ си шэтырыр сулътIаным и къуэ Джанбэч и шэтырым пэгъунэгъуу згъэуват. Сыкъыщыса махуэм, ичынды нэмэз нэужьым сыщIыхьащ сулътIаным и деж. Абы щихъхэр, къадыхэр, шэрифхэр, дин щIэныгъэлIхэр зэхуишэсри тхьэлъэIушхуэ яхуищIакIэт. Езыр щысу дыхэщхьэжащ. Шэрифхэм я пашэ, пщIэ зиIэ зиусхьэн Ибн Абдулхьэмид фIыкIэ си гугъу ищIри, сулътIаным щIыхь къысхуищIыну чэнджэщ иритащ.

Мы тыркухэм хьэщIэм унэ щхьэхуэ хухахыуи, ерыскъы хуагъэхьэзыруи апхуэдэ хабзэ ящIэркъым, шышху зэрыт фалъэхэр хурагъэхь, фIигъэжыну мэлхэмрэ шыхэмрэ хурагъашэ - аркъудейщ. Аращ хьэщIэм пщIэуэ хуащIыр.

ИужькIэ, сулътIаным и гъусэу шэджагъуэ нэмэзыр сщIауэ сыщIэкIыжыну зызгъэхьэзыр пэтрэ, сытIысыну унафэ къысхуищIащ. Ерыскъыхэр къыщIахьащ: япэщIыкIэ лэпс лIэужьыгъуэ гуэрхэр, иужькIэ мэлылрэ шылрэ гъэвауэ. Сэри а жэщым сулътIаным хьэлыуэ зэрылъ тепщэч и пащхьэм изгъэувати, и Iэпхъуамбэр хищIэри, и жьэм хуихьащ, ауэ афIэкIа хэIэбакъым».

«Курыт лIэщIыгъуэм псэуа щIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, Iузбэч-хъан тхьэ фIэлIыкIыныгъэ зыхэлъ цIыху щэныфIэт, - нэхъ убгъуауэ топсэлъыхь Ибн БэтIутIэ и бысымым Тимофеев Игорь. - Аль-Бирзали тхыдэджым зэритхыжымкIэ: «Ар щIалэ лъагъугъуафIэт икIи щэныфIэ дыдэт, муслъымэн нэст икIи цIыху хахуэт».

Ди дежкIэ лъапIэр, япэрауэ, Ибн БэтIутIэ адыгэхэм «шэрджэс» къафIэзыща тэтэр-монголхэр ди щIыналъэм зэрита щIыкIэм и теплъэгъуэ гъэщIэгъуэн ди нэгум къызэрыщIигъэхьэрщ. КъинэмыщIауэ, пщIэну щхьэпэщ XIX лIэщIыгъуэм урыс зыгъэпсэхупIэ хъуа Псыхуабэр XIV лIэщIыгъуэм адыгэхэм япIа монгол-тэтэр къэралыгъуэм и тепщэ Iузбэч-хъан и гъэмахуэ епсыхыпIэу зэрыщытар.

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: