Я зэфIэкIыр нэрылъагъущ

Мы зэманым Налшык и щIыпIэ куэдым жьы хъуа фэтэр зэтетхэр щызэрагъэпэщыж. Абыхэм я нэхъыбэр 1957-1962 гъэхэм яухуащ.
2021 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм и къэпсэлъэныгъэхэм ящыщ зым къыщыхигъэщауэ щытащ унэр къэгъэщIэрэщIэжыным трагъэкIуадэ зэманыр Iэмал зэриIэкIэ гъэмэщIэн зэрыхуейр - Iуэхур ягъэпсынщIэху, унэ нэхъыбэ зыхуей хуагъэзэфынущ. Абы хухэха программэм нэгъабэ хиубыдащ фэтэр зэтету 86-рэ. 2021 гъэм ар 91I-м нэсащ.
- А бжыгъэхэр и пIэм итынуми хэхъуэнуми дяпэкIэ зэлъытар цIыхухэм я зэхэщIыкIырщ. Ди гуапэ зэрыхъунщи, нобэ куэдым къагурыIуащ а Iуэхум теухуауэ къэралым къищта унафэм уебакъуэ зэрымыхъунур. Илъэс зыбжанэкIэ лэжьыгъэр зэбгъэтIылъэкIынкIэ Iэмал имыIэу, унэхэр къолъэлъэхыпэ, коммуникацэхэр, ток кIапсэхэр лэжьащ, унэ лъабжьэхэр къэтIэсхъащ, гъадэ кIыщIэна шиферхэм уэшхыпсыр яубыдыжыркъым. КъищынэмыщIауэ, «хрущевкэхэм» щыпсэухэм я нэхъыбэр ныбжь хъарзынэм итщ. Псэуалъапхъэхэм хуэдитI-щыкIэ щыхэхъуа нобэ хуэдэ зэманым мылъкукIи я къарукIи ахэр Iуэхум пэлъэщынукъым. Аращ капремонтым щIат уасэр зэтрезыгъэ хьэхэм е зымытыххэхэм приставхэр яужь щIихьэр. Хабзэр къызэпызыудхэм я счетхэр яубыдынущ, къэралым ирагъэкIынукъым. ИтIанэ, капремонт уасэр ятелъу зыщэхэми къэзыщэхухэми яхуэсакъыпхъэщ , - жаIащ щIыналъэ фондым и унафэщIхэм.
КапремонтымкIэ фондым нэхъыбэу бгъэдэлъыр фэтэрхэм щыпсэухэм ят уасэрщ. ХабзэкIэ зэрыщытын хуейри апхуэдэущ. Фэтэрхэр къанэ щымыIэу уней мылъку щыхъуакIэ, я псэупIэр зыхуей хуагъэзэн папщIэ зым ахъшэ итыну адрейм ар имыдэныр къезэгърэ? Куэд лъандэрэ зэрамыгъэпэщыжа унэхэр къыщомыжьэнукIэ, капремонтым пэкIуэ ахъшэр, сом 265-р, къатехьэлъэн хуэдизу щыщымыткIэ, псоми и чэзум ятынырщ. Зэтрезыгъэхьахэми мащIэ-мащIэу ятыжкIэ зыри къедэуэнукъым.
Фондым езым и сайт иIэжщ. Дэтхэнэ зыри абы ихьэу зыщигъэгъуазэ хъунущ лэжьыгъэу зэфIигъэкIам, къыпэщылъ къалэнхэм, цIыху къэс я лицевой счетым къыщыхьахэм, зэфIаха Iуэхухэм пэкIуа уасэр зыхуэдизым, нэгъуэщIхэми.

Лъостэн Музэ.
Поделиться: