Дэрбзэр пщащэм и зэфIэкI

Лъэпкъ щIэинхэр зыхъумэну, ахэр езыгъэфIэкIуэну щIэблэ адыгэм къызэрыщIэхъуэм гугъэфIхэр уегъэщI. Абыхэм ящыщщ Сэралъп Лалини. И ныбжьыр илъэс 22-рэ хъууэ арами, хъыджэбз цIыкIум ехъулIэныгъэшхуэхэр дэрбзэр IэщIагъэм щиIэщ, адыгэ пщащэм и теплъэр, фащэр, хьэзыр, бгъэIулъ, нэгъуэщI сурэтхэри зытрищIыхьа фэилъхьэгъуэу 250-м щIигъу ищIагъэнщ.
Зи гугъу тщIы IэщIагъэр зригъэгъуэтыну абы къыщIехъулIар, езым и гурыхуагъэм къищынэмыщIа, и анэ Сэралъп Мадини (модельер цIэрыIуэр) дэлъагъупхъэщ. Махуэ къэс щэкI зэмылIэужьыгъуэхэр къызэрыхахыр щыплъагъукIэ, IэдакъэщIэкIхэр зэрагъэхьэзырыр уи нэгу щыщIэкIкIэ щапхъэ тепхынущ.
Лалинэ Налшык къалэм дэт ДизайнымкIэ колледжыр къиухащ. Абдеж къыщыщIэдзауэ дизайнер ныбжьыщIэм «и хъэтIыр» зыхуэдэнур, и IэдакъэщIэкIхэм лъэпкъ IэщIагъэр я лъабжьэу, иджырей гъащIэми къезэгъыу зэрыщытынур.
Ещанэ курсым щIэсу Лалинэ и япэ фэилъхьэгъуэхэр игъэхьэзырри, «Подиум» зэхьэзэхуэм и зэфIэкI щигъэлъэгъуащ. Езыр щымыгугъами, абы «Pret-a-porter» унэтIыныгъэм япэ увыпIэр къыщихьащ. Зэпеуэм иужькIэ куэд дэмыкIыу нэгъуэщI зы ехъулIэныгъи хъыджэбзым къихьащ - «Русский силуэт» зэхьэзэхуэм кърикIуар къызэщIакъуэжа нэужь, Сан-Францискэ щекIуэкI Reve Creative показым хэтыну абы Iэмал иратащ.
- Лэжьыгъэр къызэхъулIэу сщIэмэ, нэхъыбэжу абы си къарур есхьэлIэнущ, - жеIэ дизайнер ныбжьыщIэм. - Илъэс I7 сыщыхъум нэхъ тегушхуауэ зеспщытащ фэилъхьэгъуэхэр къэгупсысыным. Сурэт щIынми сызэрыцIыкIурэ сыдихьэхыу зэрыщытар къысщхьэпэжри, си IэдакъэщIэкI хъуну лэжьыгъэхэм тхыпхъэхэр си нэгу къызэрыщIыхьэм хуэдэу тесщIыхьын щIэздзащ. Иджыпсту джинс щэкIым къыхэщIыкIа курткэхэм лъэпкъ мыхьэнэ зиIэ сурэтхэр тызощIыхь. Абыхэм асыхьэту щIэупщIэ яIэ хъуащ.
Апхуэдэу Лалинэ и хьэпшыпхэр ягу ирихьу зэрызэбгрыкIым къыхэкIыу бренд зэригъэпэщащ, иджы и лэжьыгъэхэр псори Инстаграмым къыщызэIуиха напэкIуэцIым щегъэлъагъуэ.
    Хъыджэбз гурыхуэр адэкIэ зэрызиужьынуми егупсысащ. И зэфIэкIым хигъэхъуэн мурадкIэ Урысейм и модельер цIэрыIуэ Зайцев Вячеслав и деж зыщигъэсэну ар кIуащ.
    - Зайцев Вячеслав къэсцIыхуа нэужь, си гъащIэм, си лэжьыгъэм, нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ сригъэплъыжащ жысIэмэ, сыщыуэнукъым. Ди IэщIагъэм епха Iуэхугъуэ псоми абдеж щIэрыщIэу дыщригъэлэжьыжащ. Къыхэзгъэщыну сыхуейт Зайцевым и дерсхэр къызэрытщхьэпар. Ар къыддэлажьэу дгъэхьэзыра фэилъхьэгъуэхэр 202I гъэм и щIышылэм Зайцевым МодэмкIэ и унэм утыку къыщитхьэжат, - жеIэ Лалинэ.
    Къэралым и модельер цIэрыIуэр цIыху I5 къыхихыу илъэсым щIигъукIэ зыдэлэжьа дизайнер ныбжьыщIэхэм яхэхуа Лалинэ дерсхэм и зэфIэкI щеплъыжащ цIыхухъу щыгъын гъэхьэзырынымкIэ. Хъыджэбзым зэрыжиIэмкIэ, ар хущIэкъуащ адыгэлIым и лIыхъужьыгъэмрэ хахуагъэмрэ иджырей гъащIэм къезэгъ фэилъхьэгъуэхэм къыщигъэлъэгъуэну. «Генетикэ код» - аращ и лэжьыгъэм фIэщыгъэуи иритар.
    - Зы щIэблэр нэгъуэщIым зэрихъуэкIыу къекIуэкIми, лъэпкъым щIэт лъыр кIуэдыркъым, лъэхъэнэ куэдым пхокI, зимыхъуэжу цIыхум догъуэгурыкIуэ. ЖысIэнуращи, зи анэдэлъхубзэр е зи хабзэр щхьэусыгъуэ зэхуэмыдэкIэ зыIэщIэхуа ди нобэрей цIыхум езым гу лъимытэжу лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуа Iуэхугъуэ куэд къыгурыIуэнкIэ е зыхищIэнкIэ хъунущ, - жеIэ Лалинэ. - Апхуэдэ гупсысэхэр сиIэу къэзгъэщIащ Зайцевым деж щысщIа фэилъхьэгъуэхэр. ИкъукIэ дерс щхьэпэхэр къыдатащ, дунейпсо модэм и тхыдэм къыщыщIэдзауэ, дэрбзэр IэщIагъэм и Iэмалхэм щыщIэкIыжу. Экзамен къэс Зайцев Вячеслав езыр къыдэдэIуащ, ди лэжьыгъэхэм яхуэфащэ гулъыти яхуищIащ. Эскизхэм дыщелэжьым Зайцевым езгъэлъэгъуат къэзгупсыса цIыхухъу фащэхэм щыщ зыбжанэ. Абыхэм яхэтт адыгэ цейм щыщ Iыхьэхэр зыхэслъхьа фэилъхьэгъуэхэр: дамащхьэхэр щIакIуэм ейм хуэдэу щIауэ, хьэзырхэм япIэкIэ жып щIэту, щхьэрыхъуэным ещхьу, ауэ капюшон бухъушхуэ пщампIэм телъу… ЕгъэджакIуэм ахэр гъэщIэгъуэн щыхъуауэ щыслъагъум, япэу сытегушхуауэ аращ цIыхухъу щыгъын селэжьыну. ИкъукIэ си гуапэ хъуащ лъэпкъ гупсысэ зыхэлъ си лэжьыгъэхэр абы игу зэрырихьар, - жеIэ Сэралъпым.
 

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: