Адыгэ бзэщIэныгъэм и лъэбакъуэщIэ

Бзэуэ пщIэм хуэдиз цIыху уриуасэщ, жаIэ. Къыбдалъхуа анэдэлъхубзэм фIыуэ урипсэлъэныр, гупсысэр гъэхуауэ кърипIуэтэныр адыгэм пщIэ зыхуищI Iуэхугъуэу къилъытэу игъащIэми къогъуэгурыкIуэ. Ар щыгъэтауэ, зи бзэр лантIэм, шэщIауэ псалъэм жылэ Iуэхухэр и пщэ далъхьэу, хеящIэу хахыу, щыхьэту ягъэуву къекIуэкIащ. Я фIэщ хъурт адыгэбзэ укъуэдиякIэ псалъэм укъимыгъэпцIэну, и псалъэ тебгъуэтэжыну, и жыIэр зэщIа хъуну. ПсэлъэкIэм хуащI гулъытэм къыхэкIагъэнущ ар зыIэт, зыгъэлъагэ Iэмалхэр бзэм уэру щIыхэтыр, хуей хъумэ, цIыхум и гупсысэр щIэщыгъуэ ирищIыну, зэIубзу къриIуэтэну, нахуэу иришэщIыну хэкIыпIэ зэмыщхьхэр къриту. БзитIым е нэхъыбэ ирипсалъэ цIыхум сыт щыгъуи фIэлIыкI иIэу, ахэр IэкIуэлъакIуэу зезыхьэм лъытэныгъэ хуащIу къекIуэкIащ. Бзэ зэмылIэужьыгъуэхэм ирипсалъэ цIыхум и дуней лъагъукIэр бгъуэщ, сыту жыпIэмэ, зымкIэ къиIуатэ гупсысэр адреймкIэ игъэбеину, игъэдэхэну, я гъунапкъэхэр зэлъыIуигъэкIуэтыну, уеблэмэ лъэ быдэкIэ игъэувыну Iэмал кърет. БзитI е нэхъыбэ зыщIэ цIыхум и зэхэщIыкIри лъагэщ, сыту жыпIэмэ гупсысэкIэ зэмыщхьхэм къагъэщIа Iуэху еплъыкIэхэр къегъэIурыщIэ, щIэныгъэм и къигъэхъуапIэ куэдхэр и IэмыщIэ кърелъхьэ.
Дызытет дунейр цIыкIу, цIыхухэм я зэхыхьэ-зэхэкIыр кIуэ пэтми нэхъыбэ зэрыхъур къэплъытэмэ, зэхущытыкIэхэм щэнхабзэ, щIэныгъэ, экономикэ, политикэ я лъэныкъуэкIэ зэрызаубгъум уеплъмэ, бзэ нэхъыбэ щIэным и мыхьэнэми хохъуэ, дэтхэнэ зыми и куупIэм унэсыныр, дэтхэнэми фIыуэ ущыгъуэзэныр къалэнуи къоувыр.
ЦIыхум и щыIэныгъэм зиужьыху бзэми зэхъуэкIыныгъэхэр егъуэт, ар псом хуэмыдэу нэрылъагъу лексикэм щохъу. Зы псалъэхэр жьы мэхъури, бзэм хокIыж, нэгъуэщIхэри щIэуэ къыхохьэ, зэрамыхьэжу, яIэщIэхужауэ, мыхьэнэщIэ ягъуэтауэ къэзыгъэзэж псалъэхэри мащIэкъым. А псор къызыхэщри зыщIэзышэри псалъалъэхэращ. Щхьэж и мыхьэнэр и пIэм иту къыбгурыIуэнымкIэ, къэпIуатэ гупсысэм езэгърабгъуу хэбгъэзэгъэнымкIэ псалъалъэхэм мыхьэнэшхуэ яIэщ. БзитI псалъалъэ щыхъум деж, а мыхьэнэр тIуащIэ мэхъу: укъыщежьэ бзэми зыхуэпшэ бзэми щызекIуэ псалъэм я мыхьэнэхэр зэрызэпэджэжым, зэрызэтехуэм гу лъыуегъатэ, уи щIэныгъэм хагъахъуэ. ЖыпIэнурамэ, дуней лъагъукIитIым я IункIыбзэр къыпIэщIелъхьэ.
Адыгэ бзэщIэныгъэр лъагапIэщIэ зэрыдэкIам, псынщIэу зызыхъуэж дунейм пэджэжыну зэрыхущIэкъум и щыхьэтщ иужьрей илъэсхэм къыдэкIа псалъалъэхэр. Я цIэ къиIуапхъэщ «Адыгэ-Урыс псалъэгъэнахуэм», «Адыгэбзэм и фразеологие псалъалъэ», «Адыгэбзэм и синонимхэм я псалъалъэм», «Адыгэ-Урыс псалъалъэм», «Урыс-Адыгэ псалъалъэм», нэгъуэщIхэми. Дэтхэнэри адыгэбзэм и зыужьыныгъэм толажьэ, лъэпкъ щэнхабзэм и къигъэхъуапIэ хъарзынэуи къоув.
Псалъалъэ къыдэгъэкIыныр хабзэ дахэ зыхуэхъуа Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым иджыри зы тыгъэфI хуищIащ – иджыблагъэ дунейм къытехьащ «Урыс-Адыгэ псалъалъэ ин» зи фIэщыгъэ тхылъ фафIэшхуэр. Институтым и щIэныгъэлэжь гупым мы псалъалъэм трагъэкIуда илъэс бжыгъэр щIэншэ хъуакъым – и инагъкIи, и купщIэкIи, щапхъэу къыщыхьахэмкIи иджыри къыздэсым къыдэкIа бзитI псалъалъэхэм къащхьэщокI, дунейпсо бзэщIэныгъэм и мардэхэм тетщ, псалъалъэр зэхэгъэувэным теухуауэ щыIэ къэхутэныгъэхэм я пщалъэхэри къыщылъытащ.
Урыс-Адыгэ псалъалъэ иным псалъэрэ псэлъафэу мин 75-м щIигъу итщ. Псалъалъэр зэхэзыгъэувахэм къалэн зыщащIыжам ипкъ иткIэ, иужьрей илъэс тIощIырыпщIым бзэм щекIуэкIа зэхъуэкIыныгъэхэр Iэмал зэриIэкIэ убгъуауэ абы къыщыгъэлъэгъуащ, къыбгурыIуэнкIи зыхэпщIэнкIи нэхъ хьэлъэ дыдэу щыт Урысейм и тхыдэщIэм адыгэбзэм къыхэхъуамрэ хэщIамрэ псалъалъэм щызэгъэуIуащ. Псалъалъэшхуэм ущрихьэлIэнущ Совет къэралыр къутэжа нэужькIэ уэру бзэм къыхыхьа псалъэхэр, цIыхугъэм епха псэлъафэхэр, щэнхабзэм, гъуазджэм, макъамэм, щIэныгъэм, диным, спортым, экономикэм, политикэм, нэгъуэщIхэм епха фIэщыгъэхэр, нэгъуэщIхэри. А псалъэхэм щыщ куэдыр жьы хъуауэ, псэлъэкIэм хэкIуэдыкIыжауэ е щIыналъэхэм щызэрахьэу, диалект хуэмэбжьымэ яIэу, тхыбзэ щапхъэм емызэгъыу жаIэу лъэхъэни Iуэху еплъыкIи щыIами, бзэм и тхыдэ налъэу зэрыщытыр псалъалъэр зэхэзыгъэувахэм зыщагъэгъупщакъым.
Псалъалъэр къызыщежьэ урысыбзэм щелэжьым, абы нэхъ къыщагъэсэбэп, нэхъыбэрэ щызэрахьэ псалъэхэмрэ псэлъафэхэмрэщ нэхъ зэрагъэуIуар. Къыхаха псалъэхэр щызэрадзэкIым, щIэныгъэлIхэр хущIэкъуащ зэрыхъукIэ дэтхэнэми и адыгэбзэр гуэгъу зэрыхуащIыным, Iэмал зэриIэкIэ урысыбзэ псалъэр гуэгъуншэ зэрамыхъуным. Псалъэ куэд дыдэр иджырей адыгэбзэкIэ дунейм къытехьэ тхылъхэмрэ газетхэмрэ кърахащ.
Урыс-Адыгэ псалъалъэр нобэр къыздэсым дунейм къытехьа бзитI псалъалъэхэм ящыщу нэхъ ин дыдэщ. Абы хыхьа псалъэхэм хуэдиз къэзыхь къызэщIэзыубыда лэжьыгъэ абазэ-адыгэбзэхэр къыщыгъэнауэ, кавказыбзэхэм яхэткъым. Ар къэплъытэмэ, Урыс-Адыгэ псалъалъэр зэхэзыгъэува щIэныгъэлэжь гупым Iуэхушхуэ зэфIахащ, адыгэбзэм и зыужьыныгъэм хуащIа хэлъхьэныгъэм къищынэмыщIауи, ар зи анэдэлъхубзэ лъэпкъми Iуэхутхьэбзэшхуэ хуащIащ. Мы псалъалъэм и пщIэр, шэч хэмылъу, кIуэтэху нэхъ лъагэ хъунущ, абы лъэужьышхуи къигъэнэнущ.
Псалъалъэр яхуэщхьэпэнущ адыгэбзэр зыджхэми, ар езыгъэджхэми, абы ирилажьэхэми, анэдэлъхубзэр фIыуэ зылъагъу дэтхэнэ зыми. Тхылъыр и бжыгъэкIэ мащIэ дыдэущ къызэрыдэкIар, ауэ ар зыIэрызыгъэхьэну хуейхэр щыщIэупщIэ хъунущ Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым.
 

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:41 Япон усэ зыбжанэ
18.04.2024 - 10:01 Тхылъ тыкуэным
15.04.2024 - 14:41 Адэм деж письмо
12.04.2024 - 17:57 Сыфхуоупсэ