Дунейм щыхъыбархэр

Сом триллион 25,7-рэ хухах

Урысейм 2019 гъэм къыщыщIэдзауэ 2024 гъэ пщIондэ щагъэлэжьэну яубзыхуа лъэпкъ проектхэм трагъэкIуэдэнур сом триллион 25,7-рэ хъуну ягъэуващ.

Сом триллион 13-м щIигъур федеральнэ бюджетым къыхэкIынущ, триллиони 7,5-м щIигъур бюджетым щымыщ хэхъуэхэм къыхахынущ. ЩIыналъэ бюджетхэри хэтынущ проектхэр гъэзэщIэным - сом триллиони 4,9-кIэ хэувэнущ ахэр а лэжьыгъэм.
Проектхэр унэтIыныгъэ 12-м хуэгъэпсауэ щытынущ. Апхуэдэу, проектхэм хэтщ узыншагъэр хъумэн, егъэджэныгъэ, щIэныгъэ, псэупIэхэр щIын, къалэхэм тыншыпIэхэр къыщызэгъэпэщын, щIыуэпсыр хъумэн, автомобиль гъуэгухэр ухуэн, зэгъэпэщыжын, цIыхухэр лэжьыгъэкIэ къызэгъэщын, бжыгъэр зи лъабжьэ экономикэ, хьэрычэт Iуэху мыин IэнатIэхэр.

«Орлёнок» лагерыр зэрагъэпэщыж

Сабийхэм зыщрагъэгъэпсэху, я узыншагъэм щыкIэлъыплъ «Орлёнок» лагерыр Урысей Федерацэм и апхуэдэ IуэхущIапIэхэм я нэхъ ин дыдэщ. Ар тенджыз ФIыцIэм и Iуфэм, Краснодар крайм хыхьэ Туапсе къалэм пэмыжыжьэу 1960 гъэм ящIауэ щытащ.

Илъэс хыщIым нэблэгъауэ лажьэ IуэхущIапIэм, зэрыгурыIуэгъуэщи, пIалъэ-пIалъэкIэрэ кIэлъыIэбащ, зыхуей хуагъэзащ. Апхуэдэу щытми, езы унэхэми, зыгъэпсэхупIэм къедза щIыпIэхэми щымащIэкъым сыт и лъэныкъуэкIи зэгъэпэщыжын хуейхэр. А лэжьыгъэм текIуэдэнухэр зэпалъытри, лэжьыгъэхэм щIадзащ.
Унэхэм иращIэнум къыдэкIуэу, метр 1250-рэ зи кIыхьагъ автомобиль гъуэгум щIэуэ асфальт тралъхьэнущ, лъэс зекIуапIэхэр плиткэкIэ къращIыкIынущ, уэздыгъэхэр зыфIэдза пкъохэр щIэкIэ зэрахъуэкIынущ. Утыкухэм тетIысхьэпIэщIэхэр щагъэувынущ. КIэщIу жыпIэмэ, ныбжьыщIэхэм фIыуэ загъэпсэхун, я нэгу зиужьын папщIэ зыхуеину псори къыщалъытащ сабий центрыр зэгъэпэщыжыным хуэунэтIауэ къыхалъхьа проектым.

Нобэ

Лышх узыр зэфыкI сабийхэм ядэIэпыкъуным и дунейпсо махуэщ
Урысей Федерацэмрэ Беларусь Республикэмрэ щагъэлъапIэ я къалэн ягъэзащIэу нэгъуэщI къэралхэм щыхэкIуэда зауэлIхэм я фэеплъ махуэр
Сербие Республикэм и къэралыгъуэм и махуэщ

Канадэм и лъэпкъ ныпым и махуэщ (ар 1965 гъэм къащтауэ щытащ)
США-м и президентхэм я махуэщ
1895 гъэм макъамэм щыхурагъаджэ урысей академиер, абы и къызэгъэпэщакIуэ Гнесин зэшыпхъухэм я цIэхэр зезыхьэр, къызэIуахащ.
1919 гъэм Петроград театрыщIэ къыщызэIуахащ. Иджыпсту ар Товстоногов Георгий и цIэр зезыхьэ Драмэ Театр Инырщ (БДТ).
1921 гъэм НКВД-м хыхьэу гъунапкъэхъумэ дзэхэр къызэрагъэпэщащ.
1922 гъэм Гаагэ къыщызэIуахащ Дунейпсо судым и япэ зэIущIэр.
1947 гъэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым къыдигъэкIащ совет цIыхухэм нэгъуэщI къэралхэм щыщхэм нэчыхь хуаIэну хуит зымыщI унафэ.
1957 гъэм Громыкэ Андрей СССР-м нэгъуэщI къэрал IуэхухэмкIэ и министру ягъэуващ. Илъэс щэщIым нэблагъэкIэ тетащ ар а къулыкъум.
1960 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и Композиторхэм я зэгухьэныгъэр къызэрагъэпэщащ.
1976 гъэм Инсбрук (Австрие) щызэхуащIыжащ ХII ЩIымахуэ Олимпиадэр.
1989 гъэм советыдзэхэр Афганистаным къишыжыныр зэфIэкIащ. Абы 1988 гъэм накъыгъэм и 15-м щIадзат.
1994 гъэм УФ-м и президент къулыкъум и дамыгъэу къыщащтат Урысей Федерацэм и Президентым и Штандартыр - мыхьэнэ хэха зиIэ ныпыр.
1564 гъэм къалъхуащ Италием щыщ, дуней псом цIэрыIуэ щыхъуа щIэныгъэлI щэджащэ Галилей Галилео.
1906 гъэм къалъхуащ Тэтэр усакIуэ, Совет Союзым и ЛIыхъужь Джалиль Муса.
1932 гъэм къалъхуащ Япэ адыгэ сурэтыщI-скульптор Къалмыкъ Фёдор.
1940 гъэм къалъхуащ Къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ, тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБР-мрэ КъШР-мрэ щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Зумакулов Борис.
1957 гъэм къалъхуащ дзэ къулыкъущIэ, генерал-полковник, Урысейм и ЛIыхъужь Шаманов Владимир.
1951 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъМУ-м и профессор Шыдакъ Рашид.
1970 гъэм къалъхуащ Израилым щыпсэу адыгэхэм ящыщ, щIэныгъэхэм я доктор, Кавказымрэ Шэрджэс щIыналъэмрэ ятеухуа тхыгъэхэр зи Iэдакъэ къыщIэкIа Хъун Яхья.
1972 гъэм къалъхуащ Чехием щыщ хоккеист цIэрыIуэ, Олимп чемпион (1978)

Дунейм и щытыкIэнур
   «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ, къешх-къесу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 1 - 2, жэщым 1 градус щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Акъылыр жьыгъэ-щIагъэкъым.

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

16.04.2024 - 11:18 Псалъэжьхэр
16.04.2024 - 07:08 НОБЭ
15.04.2024 - 12:19 НОБЭ
12.04.2024 - 07:38 Нобэ