Сабий зэгухьэныгъэр мэлажьэ

Дэтхэнэ къэралми и зэIузэпэщыныгъэр псом япэу къызэралъытэр абы сабийм, анэм, унагъуэм щаIэ пщIэрщ. А Iуэхугъуэхэм набзэгубдзаплъэу кIэлъыплъхэм, къытщIэхъуэ щIэблэм яхуэгъэза къэрал гулъытэр нэхъыбэж хъуным хущIэкъухэм ящыщщ КъБР-м и Iэтащхьэм Сабийм и хуитыныгъэхэмкIэ и уполномоченнэ Лъынэ Светланэ. Ар иджыблагъэ яхуэзащ Прохладнэ къалэм Головко и цIэр зэрихьэу дэт курыт школ №4-м и гъэсэнхэм.
ЕджапIэм и кадет классым щIэс ныбжьыщIэхэм Лъынэм и гъусэу яхуэкIуат Прохладнэ къалэ администрацэм и Iэтащхьэ Тараев Игорь, егъэджэныгъэмкIэ щIыпIэ IэнатIэм и унафэщI Ворон Иринэ сыми. Гуапэу екIуэкIа зэIущIэм Светланэ сабийхэм щахутепсэлъыхьащ езым и нэIэм щIэту лажьэ Сабий жылагъуэ советым и лэжьыгъэм. Лъынэм зи гугъу ищIа Советым хэтщ а школым и II-нэ классым и еджакIуэ Шублакъ Арианнэ.
- Ди республикэм щылажьэ Сабий жылагъуэ советым хуэдэ Урысей Федерацэм хыхьэ щIыналъэ куэдым къыщызэрагъэпэщащ. Апхуэдэ зэгухьэныгъэхэм я зэхыхьэ ин иджыблагъэ щекIуэкIащ ди къэралым. Абы нэрылъагъу щыхъуащ а советхэм зэфIах лэжьыгъэхэр зыхуэдэр, зыхунэсахэмрэ мураду зыхуагъэувыжхэмрэ ятещIыхьа псалъэмакъ щхьэпэхэри къыщаIэтащ, - жиIащ Лъынэ Светланэ. – Ди гуапэ зэрыхъущи, ди республикэм щылажьэ сабий зэгухьэныгъэм зэхыхьэм щигъэлъэгъуа «Сабиигъуэ шынагъуэншэ. Сабийхэр шынагъуэншагъэм и телъхьэщ» социальнэ видеороликыр и купщIэкIи зэхэлъыкIэкIи нэхъыфI дыдэхэм хабжащ. Шублакъ Арианнэ игъэхьэзыра а лэжьыгъэм къыхуагъэфэщащ езанэ нагъыщэ зиIэ дипломыр.
Светланэ а щIыхь тхылъыр Арианнэ иритыжащ, къызэхуэсахэм я Iэгуауэм щIэту. Ар гуапэу ехъуэхъуащ пщащэ цIыкIум еджэным ехъулIэныгъэфIхэр щиIэну, и мурадхэмрэ хъуэпсапIэхэмрэ нахуапIэ хъуну.
ХьэщIэ лъапIэм зыщрагъэплъыхьащ еджапIэм и пэшхэм, абы щызэфIах егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэм, сабий куэд щапI унагъуэхэм зэрадэлажьэ щIыкIэхэми кIэщIу щыгъуазэ хуащIащ ар.
 

ЖЫЛАСЭ Маритэ.
Поделиться: