Къущхьэ Севим: «Хъыбару жаIэжу зэхэпха къудейкIэ роман пхуэтхынукъым»

Тыркум къыщалъхуа адыгэ пщащэ Къущхьэ Севим а къэралым и тхакIуэ цIэрыIуэщ. Щыпсэу щIыналъэм и цIэр фIыкIэ зэригъэIум къыщымынэу Севим, абы щыпсэу адыгэхэм я щхьэр лъагэу зэрыригъэлъагъужыр мызэ-мытIэу зэхэтхащ. ТыркубзэкIэ роман итхми, адыгэбзэкIэ псалъэ, зыхэсхэм ятетхыхьми, къызыхэкIар зэщымыгъупщэ бзылъхугъэ зэчиифIэм роман куэд и Iэдакъэ къыщIэкIащ. Абы яхэтщ адыгэхэм ятеухуахэри. 
Тыркум дыкIуауэ, ди лъэпкъэгъу пщащэ цIэрыIуэм дыхуэзэну дыхуейуэ хъыбар щедгъащIэм дигъэщIэхъуакъым. Истамбыл и хьэблэ нэхъ цIыху кIуапIэ дыдэм, щIалэгъуалэм я зэхуэсыпIэм, ОртакёйкIэ зэджэм, Босфор и Iуфэ Iут зы шхапIэ дыщызэбгъэдэсащ пщащэ нэфIэгуфIэмрэ дэрэ. «Фи махуэ фIыуэ! Сыту си гуапэ си Хэку и цIыхухэм саIущIэну!», - адыгэбзэкIэ жиIэу пщащэр къыщыдбгъэдыхьэм, интервью къызэIысхыну зызгъэхьэзыр тырку тхакIуэ цIэрыIуэр лъэныкъуэкIэ екIуэтэкIри, Налшык дэс пщащэ цIыкIуу къысщыхъуат. 
Севим адыгэбзэкIэ къытхуиIуэтащ Тыркум щыIэ университет нэхъыфIхэм зэрыщеджар, ухуакIуэ-инженер, экономист IэщIагъэхэр зэрызригъэгъуэтар, Америкэм Хопкинс Джонс и цIэр зезыхьэ и университетым инджылызыбзэр зэрыщиджар, нэгъуэщIхэри. 
- Сэ Къайсэр къалэм епха Узун-Пылар (Псынэ КIыхь) къуажэ цIыкIум сыкъыщыхъуащ. Си адэ-анэр щIым телэжьыхьу арати, зэхуахьэса мылъкумрэ ди унэм къыщIэкIамрэ зэхалъхьэри, Истамбыл унэ къыщащэхуащ, сысабийуэ, илъэситI си ныбжьу дыкъэIэпхъуащ, - къыддогуашэ Севим. - Истамбылщ курыт школри еджапIэ нэхъыщхьэхэри къыщызухар. Сызыхуеджар инженер IэщIагъэрами, сызэрыцIыкIу лъандэрэ си щхьэм илът тхакIуэ сыхъуну. Ауэ си адэм ар къыздищтэртэкъым, япэ щIыкIэ си щIакхъуэ Iыхьэр къызэрызлэжьын IэщIагъэ тэмэм зэзгъэгъуэтмэ, нэхъ фIэигъуэти, абы жиIам сытетащ. Инженеру тIэкIурэ сылэжьа нэужь, инджылызыбзэ зэзгъэщIэну сыхуейти, Америкэм сыкIуащ. А зэманым хуэмурэ тхэн щIэздзакIэт. 
- Сытыт япэ романыр зытебухуар, дапщэщ ар къыщыдэбгъэкIари?
- Япэу стхар «Узыншэу ущыт, Нисан!» романращ. Абы къыщызгъэлъэгъуэжар си студентыгъуэ илъэсхэм сызрихьэлIахэрауэ жыпIэ хъунущ. ЩIалэгъуалэм я зэхущытыкIэр, балигъ гъащIэм хэмыбэкъуа ныбжьыщIэхэм я гупсысэкIэр, зэхэтыкIэр, куэд мэхъу. Ар 1993 гъэм тхын сухат, ауэ сэ сыхуейт зэпеуэ гуэрым сыхыхьэу си тхыгъэр щызгъэлъэгъуэну, итIанэ тхылъу къыдэзгъэкIыну. А хъуэпсапIэм тету, тхылъ тедзапIэ ин гуэрым иригъэкIуэкI зэпеуэм срагъэблэгъащ 1996 гъэм. Абы етIуанэ увыпIэр къыщысхьри, тхылъ тедзапIэм къыдигъэкIащ си япэ романыр. Абы хуабжьу сыщыгуфIыкIащ, икIи тырку литературэм нэхъ лъэрыхьу къыщалъытэ тхакIуэ цIэрыIуэ зыбгъупщI хэст къэпщытакIуэхэми, абыхэм си лэжьыгъэр нэхъыфIым зэрыхабжам куэдым сытригъэгушхуащ.
Абы хуэм-хуэмурэ къыкIэлъыкIуащ адрей романхэр. 
- Зэбгъэгъуэта IэщIагъэм нэмыщI, журналистикэм удихьэхыу зэрыщытам дыщыгъуазэщ, урилэжьа а IэщIагъэм? 
- Техникэ университетым сыщыщIэсым, мазэ къэс журнал гуэр къыдэкIырт. Ар къыдэзыгъэкI гупым сахэтащ сэри, сфIэфIт си тхыгъэхэр къытрезгъэдзэну, Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм сытетхыхьыну. ИужькIэ Тыркум ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм къыдигъэкI «Мазэрэ вагъуэрэ» газетым илъэситIкIэ сыщылэжьащ. КъищынэмыщIауэ, щэнхабзэм теухуауэ щIыпIэ куэдым къыщыдэкI журналхэм къытрадзащ си IэдакъэщIэкIхэр. 
- ЗанщIэу романкIэ къыщIэзыдзэ тхакIуэ куэд щыIэкъым, жанр нэхъ цIыкIухэр нэхъ пасэм бгъэунэхуакъэ? 
- ЗанщIэу романщ тхэн къызэрыщIэздзар. А жанрырат си гупсысэр къызэрысIуэтэфыр, зизгъэзэгъэфыр. 
- «Жьыбгъэмэ къызыпих шухэр». И цIэ къудеймкIэ къыбощIэ адыгэхэм зэратеухуар. Сыт лъабжьэ хуэхъуар, гупсысэ нэхъыщхьэу щыпхышар? 
- Сэ нэхъыфI дыдэу слъагъу романращ ар. Пэжщ, си лъэпкъращ зытеухуар, сыщыцIыкIум си адэшхуэ Гъузер, си адэ Решат и къуэшхэм жаIэжу зыхэсхахэращ гупсысэ нэхъыщхьэу къыщызгъэлъэгъуэжар. Ауэ хъыбару жаIэжу зэхэпха къудейкIэ роман пхуэтхынукъым. Арати, илъэси 150-рэ ипэкIэ екIуэкIа зауаем, ди лъэпкъым и щхьэм кърикIуам, хамэ щIыпIэ зэрырапхъам теухуауэ Тыркум сыт щызгъуэтми щIэзджыкIащ, дэфтэр, архив куэдым сыхэплъащ. ИтIанэщ романыр тхын щыщIэздзар. 
Мы тхылъым уриплъэмэ, зауэ, зэхэуэ, зэрыукI, пщыхэм цIыхуу къамылъытэ пщылI, зэныкъуэкъу - цIыхугум емыхуэбылIэ Iуэхугъуэ куэд хэлъщ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, къэзгъэлъэгъуэж зэманыр ткIийт, гуащIэт, пхъашэт. СыщегупсыскIэ, тхылъым и щыщIэныгъэшхуэу къызолъытэ адыгэм я гущабагъыр, хьэщIэр фIыуэ зэралъагъур, ди хабзэм и дахагъыр къызэрыщызмыгъэлъэгъуар. Сызытетхыхьым елъытауэ, ар хэбухуэнэныр тынштэкъым. Ауэ иджыри стхынущ си лъэпкъэгъухэм я зэхэтыкIэр, гумащIагъэр, хьэщIэхуэфIу зэрыщытыр, адыгэ хабзэ, нэмыс зэрылъ унагъуэхэр къыхэщу. Ар нэхъ щIэщыгъуэ хъуну къыщIэкIынщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, адыгэм теухуа гуэр зэбгъэщIэну иужь ущихьэкIэ, зыхэта зауэхэмрэ хэкум къызэрырахуамрэщ бгъуэтыр. 
- «Жьыбгъэмэ къызыпих шухэр» романми цIыхухэр яфIэгъэщIэгъуэну зэреджар къыбощIэ 2006 гъэм, иужькIи 2008 гъэм щIэрыщIэу къызэрыдагъэкIыжамкIэ. Роман зытххэм зэрыжаIэмкIэ, Iыхьэ щанэр тхыдэу щытын хуейщ, уэ уи романыр дауэ зэрызэхэлъыр абы и лъэныкъуэкIэ?
- Си романыр тхыдэм пэгъунэгъущ. Ди нэхъыжьхэм жаIэжу зыхэсхахэр купщIэу къасщтэри, сызэджахэр лъабжьэ хуэсщIащ, адрейхэр, дауи, къэзгупсысащ. Ар хэмыту хъунукъым. 
- Уи адэ-анэм, уи унагъуэм и гугъу уэзгъэщIынут.
- Си анэр Сэркъуэш Абубэчыр и пхъущ, дунейм ехыжащ. Си адэр схуэпсэущ. Зы дэлъхурэ шыпхъуитIрэ сиIэщ, псори унагъуэщ. Сэ си адэм и гъусэу сопсэу. 
- Иджыпсту сытым иужь уит? 
- Сытхэ щхьэкIэ, си IэщIагъэр зэи къэзгъэнакъым. Иджыпсту ухуакIуэ фирмэм инженер-къэпщытакIуэу сыщолажьэ, яухуэхэм сыкIэлъыплъу аращи, махуэ псо лэжьапIэ сыщыIэкъым, хьэзыр хъуа гуэр къэспщытэн щыхуейм и деж къызэджэу аращи, зэран къысхуэхъуркъым. 
- Укъыщалъхуа адыгэ жылэм ущыкIуэж къыпхуихуэрэ? 
- Къысхуохуэ. Ауэ дэсахэр я щхьэ Iуэху зэрахуэу къалэхэм къэIэпхъуащи, зыри къыдэнэжакъым, гуузщ удэплъэну. ЗэрыжаIэжымкIэ, абы адыгэу дэс псори адыгэбзэт зэрызэпсалъэр, дэ къалэм дыкъэIэпхъуа щхьэкIэ, ди унагъуэми щызекIуэр а бзэрат. Курыт школым сыщыкIуам адыгэбзэ фIэкIа сщIэртэкъым. Си егъэджакIуэм си адэ-анэр ириджэри: «Фи хъыджэбзыр евгъэджэну фыхуеймэ, тыркубзэ евгъащIэ», - къажриIауэ щытащ. Адыгэбзэр фIы дыдэу сщIэуэ, си тыркубзэр ныкъуэу сыкIуат школми, иджы тыркубзэр нэгъэса хъури, си адыгэбзэр ныкъуэ хъуащ, аращ тыркухэм къыдащIар (мэдыхьэшх). 

Сурэтыр  тезыхар  Къарей  Элинэщ. 

 

Епсэлъар НэщIэпыджэ Замирэщ.
Поделиться: