КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Пермь и къэрал университетым щыхэкIуэдахэм я Iыхьлыхэмрэ я благъэхэмрэ яхуэгузэващ

«Къэбэрдей-Балъкъэрым исхэм гущIыхьэ ящыхъуащ Пермь къэрал университетым нобэ къыщыхъуам теухуа хъыбар гузэвэгъуэр. Ди республикэм исхэм я цIэкIэ си гукIи си псэкIи сахуогузавэ хэкIуэдахэм я Iыхьлыхэмрэ я благъэхэмрэ, Пермь крайм и цIыху псоми. Фэбжь зыгъуэтахэм я узыншагъэр икIэщIыпIэкIэ зэтеувэжыну ди гуапэщ,- Инстаграмым щиIэ напэкIуэцIым иритхащ КIуэкIуэ Казбек.

Поделиться: