Тамбукъан гуэлым теухуауэДи щIыналъэм Ижь-ижьыж лъандэрэ цIыхум щIыуэпсым хущхъуэгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр къыхех. Абыхэм ящыщщ ятIэри. ЯтIэ хущхъуэр лIэужьыгъуэ 700 ирокъу, дэтхэнэми узыфэ зыбжанэ игъэхъужу. Тамбукъан гуэлым къыхах ятIэм нэхъыфI щымыIэу къалъытэ нобэкIэ. Абы щIыIэ узыр Iэпкълъэпкъым хеш, неврологие узыфэ зэмылIэужьыгъуэми я хущхъуэгъуэщ, лышх уз, псориаз, нейродермит, щIыфэ къилъэлъ, целлюлит, фошыгъу уз, гу уз, кIэтIий уз зиIэхэм, зи жьэжьейхэр, шхалъэр, щахэр, чэр къызэузхэм сэбэп яхуохъу. Къыхэгъэщыпхъэщ, ятIэр зэмызэгъ зэрыщымыIэр, аллергие къызэрыхэмыкIыр. Тамбукъан гуэлым (Тамбий гуэл) къыщIах ятIэм хущхъуэ бжыгъэншэхэр къыхащIыкI. Ахэр узыншагъэр щызэтрагъэувэж IуэхущIапIэхэмрэ сымаджэщхэмрэ куэду къыщагъэсэбэп, хамэ къэралхэми ящэху.
Поделиться:
Читать также:
15.04.2024 - 14:52 →
Агуий и Iэхэлъахэм
15.04.2024 - 12:10 →
Гагарин и гуфIэкIэ
11.04.2024 - 09:30 →
УнафэщIхэмрэ IэнатIэ лъыхъуэхэмрэ зэрощIэ
10.04.2024 - 11:00 →
Дисанэ и ехъулIэныгъэ
08.04.2024 - 12:46 →
Мазэм и хъыбар
|