Дзэ Iэпщэрыбанэ зэуэкIэ

«Афганистаным и ветеранхэм я зэгухьэныгъэ» Къэбэрдей-Балъкъэр жылагъуэ зэгухьэныгъэм, КъБР-м СпортымкIэ и министерствэмрэ, Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъхэм я IуэхухэмкIэ и управленэмрэ и щIэгъэкъуэну Налшык къалэ щригъэкIуэкIащ дзэ Iэпщэрыбанэ зэуэкIэмкIэ 13-нэ турнир, советыдзэхэр Афганистаным къызэрырашыжрэ илъэс 30 зэрырикъум теухуауэ.

КъБР-м дзэ Iэпщэрыбанэ зэуэкIэмкIэ и федерацэм и гупхэм нэмыщI, абы хэтащ Краснодар крайм, Осетие Ищхъэрэ - Аланием къикIахэри. Псори зэхэту зэхьэзэхуэм къызэщIиубыдащ спортсмен 200, я ныбжь елъытауэ гупищ: кадетхэр, юниорхэр, балигъхэр.
Зэхьэзэхуэр къыщызэIуахым хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къардэн Мурат, Зауэм, лэжьыгъэм, IэщэкIэ зэщIэузэда къарухэм, хабзэхъумэ органхэм я ветеранхэм (пенсионерхэм) я Налшык къалэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Абдуллаев Мустэфа, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм къэрал кIуэцI политикэмкIэ и управленэм и унафэщI Къуэжей Артём, КъБР-м и лIыкIуэу Москварэ Москва областымрэ щыIэ Шалоев Альберт, Афганистаным и ветеран, генерал-лейтенант Аттоев Борис, КъБР-м спортымкIэ и министрым и къуэдзэ Хьэжь Заур, Налшык къалэм лэжьыгъэмкIэ, цIыхухэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэщынымрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и центрым и унафэщI Канунниковэ Татьянэ, Афганистаным и ветеранхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм («СВАЛВВК») и унафэщI, КъБР-м и Парламентым и депутат Тхьэгъэлэдж Тимур, «Афганистаным щекIуэкIа зауэм ныкъуэдыкъуэ хэхъухьахэмрэ фэбжь хэзыхахэмрэ» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэм и унафэщI Былымгъуэт Беслъэн, КъБР-м дзэ Iэпщэрыбанэ зэуэкIэмкIэ и федерацэм и президент, Урысейм щIыхь зиIэ и тренер Шэрджэс Заурбэч, щIыпIэ щхьэхуэхэм щекIуэкIа зауэхэм, дзэ зэпэщIэувэныгъэхэм я ветеранхэр, спортым и ветеранхэр.
 - ПщIэ фхузощI ветеранхэм, Афганистан зауэм зи бын хэкIуэда унагъуэхэмрэ анэхэмрэ. Къэралхэр зауэкIэ зэпэмыуву, спорт утыкухэм я зэфIэкIыр щрагъэлъагъуэ. Псоми зэIузэпэщыгъэрэ мамырыгъэрэ фиIэну си гуапэщ, - жиIащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ, Олимп чемпион Къардэн Мурат. Ветеранхэм я Налшык къалэ советым и тхьэмадэ Абдуллаев Мустэфа къыщыпсалъэм къыхигъэщащ зауэлI-интернационалистхэм Хэку зауэшхуэм и ветеранхэм я статус етын зэрыхуейр. Афганистаным и ветеранхэм я республикэ зэгухьэныгъэм и унафэщI, КИФЩI-м щекIуэкIа зэпэщIэувэныгъэм и ветеранхэм я жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я советым и Iэтащхьэ, КъБР-м и Парламентым и депутат Тхьэгъэлэдж Тимур тепсэлъыхьащ и нэIэм щIэт жылагъуэ зэгухьэныгъэм ди лъахэгъу хэкIуэдахэм я фэеплъыр мыкIуэдыжын папщIэ иригъэкIуэкI лэжьыгъэм. Къызэхуэсахэр Афганистаным щыхэкIуэдахэм я фэеплъым пщIэ хуащIу дакъикъэкIэ щымащ.
Зэпеуэр къызэIуахащ «Кавказ пшэплъхэр» - УФ-м, КъБР-м щапхъэ зытрах и сабий къэфакIуэ ансамблымрэ (балетмейстер нэхъыщхьэр ДзыхьмыщI Аслъэнщ), Нарткъалэ щыщ «Город «N» вокально-инструментальнэ ансамблымрэ (унафэщIыр Щоджэн Валерэщ). Концерт нэужьым Тхьэгъэлэдж Тимур хьэщIэхэмрэ зэпеуэр къызэзыгъэпэщахэмрэ дамыгъэхэр яритащ. ЩIыхь тхылъхэр, «Союз ветеранов Афганистана, локальныйх войн и военных конфликтов» организацэм и нагъыщэр къызытещ медалхэмрэ фэеплъ саугъэтхэмрэ зыхуагъэфэщахэм иратащ: генерал-лейтенант цIэрыIуэ, щэнейрэ Афганистаным щыIа, зэпеуэр щекIуэкI махуэм зи ныбжьыр илъэс 70 ирикъуа Аттоев Борис  - «30 лет выполнения боевой задачи и вывода советских войск из Афганистана» медалыр; Урысей МВД-м Зауэ IуэхухэмкIэ и ветеранхэм я ассоциацэм игъэува «За мужество и гуманизм» медалыр - КъБР-м лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министр Асанов Алимрэ КъБР-м и АРБ-м и федерацэм и президент Шэрджэс Заурбэчрэ; Канунниковэ Татьянэ тыгъэ хуащIащ Советыдзэхэр Афганистаным къызэрырашыжрэ илъэс 30 щрикъум ирихьэлIэу «СВАЛВВК»-м къыдигъэкIа «Памяти павших - во имя живых» сурэт альбомыр.
 Зэхьэзэхуэм ехъулIэныгъэ къыщызыхьа спортсменхэм иратащ медалхэмрэ щIыхь тхылъхэмрэ, кубокхэр. Спортсменищым: Макоев Амырхъан (кадетхэр), Кумыщ Iэдэм (юниор), Мирзоев Арсен (цIыхухъу балигъхэр) сымэ иратащ «За лучшую технику» щIыхь тхылъхэмрэ саугъэт щхьэхуэхэмрэ.  

УАРДЭ Жантинэ. Сурэтхэр Толгуров Камал трихащ.
Поделиться:

Читать также: