Мырзэр аргуэру бэджэнду ят

Урысей Федерацэм футболымкIэ и премьер-лигэм 202I-2022 гъэхэм щекIуэкI зэхьэзэхуэр иухыхукIэ Мэзкуу и «Спартак»-м и гъуащхьэхъумэныкъуэ Мырзэ Резуан «Химки» командэм бэджэнду щигъэкIуэнущ. Гупым и тренерыщIэ Виторий Руи абы къыхуэмеищэу къыщIэкIащ.
Зэхьэзэхуэм блэкIам и нэхъыбэри Резуан щигъэкIуар Мэзкуу и Iэгъуэблагъэм хыхьэ Химки щIыпIэм и командэращ. Абы щыгъуэм а гупыр премьер-лигэм яфIыхыхьат щIыпIэ властхэр хуэмеищэу. Коронавирус уз зэрыцIалэр щыета гъатхэпэм и кIэухым ирихьэлIэу абы япэ дивизионым етIуанэ увыпIэр щиIыгъыу зэхьэзэхуэр зэпагъэуат икIи, Iуэхур кIыхьлIыхь щыхъум, зэпеуэм щIрамыгъэдзэжу, щхьэж здэщытыр къыхуагъэнащ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ «Химки»-м Iэмал игъуэтат премьер-лигэм щыджэгуну. АрщхьэкIэ абы текIуэдэну мылъкур зэрыкуэд дыдэр зыщIэ къулыкъущIэхэм ар хуагъэдэхакъым икIи гуп нэхъыщхьэм хэмыхьэмэ зэрынэхъыфIыр е закъыщIэзыгъэкъуэн лъэныкъуэкIэ къыщагъутын хуейуэ жаIащ. Зэрызехьэр кIыхь хъуащ икIи 2020-2021 гъэхэм я зэхьэзэхуэм щIидзэным зы тхьэмахуэ иIэжущ Iуэхум унафэ щигъуэтар – сытми «Химки»-р премьер-лигэм хагъэхьащ. АрщхьэкIэ ар зэпеуэм хуэмыхьэзыру къыщIэкIащ икIи турнир таблицэм и кIэух увыпIэхэм къыщыхутащ. Апхуэдэм и деж къызэрыхъу хабзэти, тренер нэхъыжьхэр яхъуэжу хуежьащ. Юранрэ Гунькорэ мазэ зырыз-тIурытI ягъэлэжьауэ аращ. Абыхэм яужькIэ тренер нэхъыщхьэу ягъэува Черевченкэ Игорь зэхьэзэхуэм нэхъ хуэжыжьаплъэу къыщIэкIащ икIи и пщэ къралъхьа гупыр щытыкIэ гугъум къришын папщIэ футболист лъэрызехьэ зытIущ зэрыхуейр къагуригъэIуащ. Япэ дыдэу зи цIэ къриIуар ди лъахэгъу, Мэзкуу и «Спартак»-м щызу къимыгъэсэбэп гъуащхьэхъумэныкъуэ Мырзэ Резуант.
- Си гуапэщ сахыхьэну къысщIэхъуэпса гупымрэ къысхуэныкъуэ тренер нэхъыщхьэмрэ гъусэ сазэрыхуэхъуар, - жиIат абы щыгъуэм Iуэхур зэфэIкIа иужькIэ ди лъахэгъум. - Черевченкэ Игорь дэрэ куэд щIауэ дызэроцIыху, Тулэ и «Арсенал»-м сыщыхэтым си гъэсакIуэу щытащ, икIи игъэув къалэнхэмрэ и мурадхэмрэ фIыуэ сыщыгъуазэщ. Аращ нэхъыбэу тезыгъэчыныхьар икIи къызэлъэIуар «Химки»-м сыхыхьэну. ГупыщIэм сызэрыхэзэгъэным, абы сэбэп сызэрыхуэхъуным хуабжьу сыхущIэкъунущ. Сэри си зэфIэкIыр здынэсыр къэзгъэлъэгъуэнымкIэ ар IэмалыфIщ.
 «Химки»-р Мырзэ Резуан куэдкIэ къызэрыщыгугъыр къигъэлъэгъуащ яхыхьэну зэгурыIуэныгъэр зэрызэращIылIэри зы махуэ фIэкIа дэмыкIауэ джэгупIэ губгъуэм къызэрырагъэхьам. Адыгэ щIалэр абы зэрыхэтар иужь сыхьэт ныкъуэращ, ауэ и хьэрхуэрэгъухэр а зэман кIэщIым икъукIэ зэригъэгулэзам фIым ущигъэгугъырт. Апхуэдэуи къыщIэкIащ: джэгугъуэ 19-м хэтати, я хьэрхуэрэгъухэм мыхьэнэшхуэ зиIэ топих яхудигъэкIащ икIи «Химки»-р щытыкIэ гугъум къришри, нэхъыфIхэм пэгъунэгъу ищIащ. къищынэмыщIауэ, и джэгукIэфIыр зэрызэтевэжам гу къылъатэри, Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам ираджэжат.
АрщхьэкIэ 2020-2021 гъэхэм я зэхьэзэхуэм дэщIыгъуу Мырзэ Резуан «Химки»-м бэджэнду зэрыщIэну пIалъэри иухащ. Ар зыхэзагъа гупым къиутIыпщыжынутэкъым, «Спартак»-м и деж къыщищэхужынуи хьэзырт. АрщхьэкIэ мэзкуудэсхэм я тренер нэхъыщхьэр яхъуэжати, адыгэ щIалэр хуейт абы зэрыдэлэжьэфыи еплъыну. ЯпэщIыкIэ псори хъарзынэу екIуэкIащ, ауэ уасэшхуэ зыщIату къащIэхуа хамэ къэралъхэм щыщ футболистхэр къызыхуэсыжа иужькIэ лей къэхъуу щIидзащ. Мырзэр арэзытэкъым закъуэтIакъуэ фIэкIа джэгупIэ губгъуэм кърамыгъыхьэу – ищIэрт абы сэбэпынагъ нэхъыбэ къызэрихьыфынур. Ар къыщащIэм «Химки»-мрэ Мэзкуу областымрэ я унафэщIхэр Iуэхум хыхьащ. Зэпсалъэныгъэхэр хуабжьу гугъут, ауэ командэхэм хыхьэ-хэкIхэр къыщызэтеувыIэ фокIадэм и 8-м ирихьэлIэу зэфIэкIащ: иджыри илъэскIэ Резуан «Химки»-м бэджэнду макIуэ.
ЗэрыфщIэщи, илъэситI ипэкIэ Мырзэ Резуан Мэзкуу и «Спартак»-м хагъэхьащ ар иджыри къэс зея «Ростов»-м адыгэ щIалэр къиутIыпщын папщIэ еврэ мелуани 4 иратри. Езы адыгэ щIалэм и улахуэр илъэсым еврэ мелуан мэхъу.
Мырзэ Резуан щIэупщIэшхуэ иIащ гъэмахуэ кIуам, хамэ къэралхэри хэту. Ди лъэпкъэгъу куэд щыпсэу Тыркуми я командэ зыбжанэм ирагъэблэгъат. АрщхьэкIэ «Спартак»-м псоми яжриIащ Мырзэр зэримыщэнур. Апхуэдэу щыт пэтми, иужь джэгугъищым псори зэхэту губгъуэм дакъикъэ пщыкIущ щигъэкIуауэ аращ.
- Хуабжьу си гуапэщ «Химки»-м къызэрызгъэзэжар, - жиIащ Резуан. – Гупми тренерхэми фы дыдэу сыкъацIыху-соцIыхуж икIи кIыхьлIыхь мыхъуу сахэзэгъэжыну къысщохъу. Сызыхагъэхьэжын папщIэ абыхэм куэд зэрызэфIагъэкIар сощIэ, сэри слъэкI къэзгъэнэнукъым къызэрысщыгугъыр згъэпэжын папщIэ. Дэ зэгъусэу лэжьыгъэшхуэ къытпэщылъщ, удэзыхь зэIущIэхэр къызэрытпэплъэми шэч къытесхьэркъым.
Здигъэзэжа «Химки»-р адыгэ щIалэм хуабжьу къыхуэныкъуэщ. Дыщогугъ абы и Iэзагъ лъагэр аргуэру къыщигъэлъэгъуэну щIыпIэ ар аргуэру хъуну.

Къаудыгъу Заур.
Поделиться: