Режиссер IэкIуэлъакIуэхэр

    Режиссер пщэрылъ гугъум хуэIэкIуэлъакIуэ, зи лэжьыгъэм фIыуэ хэзыщIыкI IэщIагъэлIхэр щыIащ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым. Апхуэдэщ спектакль куэд лъэпкъ театрым и сценэм щызыгъэувахэу, актерхэм я гъуэгугъэлъагъуэ пажэхэу, зи IэдакъэщIэкI купщIафIэхэмкIэ зыдэлэжьахэми гъуазджэм и лэжьакIуэхэми я гум къинахэу, театрым и режиссер нэхъыщхьэу илъэс зыбжанэкIэ лэжьахэу  Ерчэн Леонидрэ Теувэж СулътIанрэ. Къыхэгъэщыпхъэщ ахэр щылэжьар ди лъэпкъ театрым зэримызакъуэр. Зэман зэхуэмыдэхэм ахэр Музыкэ, Урыс театрхэми щыIащ, зэми режиссер нэхъыщхьэу, зэми ирагъэблэгъа IэщIагъэлIу. Теувэж СулътIан мызэ-мытIэ къызжиIауэ щытауэ си гум илъщ ар зи фIыщIэр а зэманым КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министру лэжьа Ефэнды Джылахъстэну къызэрилъытэр (и фIыщIэр бгъэкIуэдынкIэ Iэмал иIэкъым). Абы я Iуэхухэр ядиIыгъырт, зэфIэкI зэраIэр, я IэщIагъэм зэрыхуэIэижьыр ищIэрти.  
    УФ-м и цIыхубэ артист Ерчэн Леонидрэ УФ-м, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, Къэрал саугъэтым и лауреат Теувэж СулътIанрэ театрхэм зэблэхъуу зэрыщылажьэм къыдэкIуэу, зы спектаклыр театритIми зэгъусэу щагъэувырт. ТIуми кIуэурэ спектаклыр адыгэбзэкIи урысыбзэкIи зэзыгъэлъагъухэр гъунэжт. Апхуэдэу, псалъэм папщIэ, «Рядовые», «Тринадцатый председатель» спектаклхэр адыгэ театрым Ерчэным щигъэуват, ар дыдэхэр Урыс театрым и сценэм Теувэж СулътIан кърихьат.  
    Оперэ режиссер IэщIагъэ зиIэ Ерчэн Леонидщ япэ дыдэ лъэпкъ оперэр, Балэ Мухьэдинрэ Къардэн Хьэсэнрэ макъамэр зыхуатха «Мадинэр» (либреттэр ХьэхъупащIэ Хьэжбэчыр ейщ), Музыкэ театрым щызыгъэувар. А утыкум хуигъэхьэзырат Безе и «Искатели жумчуга» спектаклыр, нэгъуэщIхэри. Урыс театрым Толстой Лев и «Власть тьмы», Адыгэ театрым Вишневскэм и «Оптимистическэ трагедиер» гуимыхужу щигъэуват.   
    Теувэж СулътIан ЩоджэнцIыкIум и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей драмэ театрым япэ дыдэу щигъэуващ IутIыж Борис и «Тыргъэтауэм» къытращIыкIа спектаклыр. Къапщтэмэ, IутIыжым и пьесэ нэхъыбэ дыдэ зыгъэувар СулътIанщ. Абы и щыхьэтщ «Эдип»-р, Теувэжым щригъаджэ ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым и студентхэм ядигъэува «Хьэцацэ дахэ»-р (иужькIэ театрми щагъэлъэгъуат), IутIыжыр дунейм ехыжа иужь, абы и фэеплъу Урыс драмэ театрым «Эдип»-р зэрыщигъэувыжар, нэгъуэщIхэри. Музыкэ театрым и репертуарым илъэс куэд дыдэ хъуауэ хэтщ Теувэжым игъэува  «Летучая мышь»,  «Ханума»,  «Фиалка Монмартра» спектаклхэр.  Теувэж СулътIан и IэдакъэщIэкIщ Айтматов Чингиз,  Каитов СулътIан,  Чэпай Мурат сымэ я тхыгъэхэм къытращIыкIа «Материнское поле», «Анэм игу», «КъулыкъущIэкъухэр» спектаклхэр. Теувэж СулътIан лъэпкъ театрым хуищIа IуэхуфIхэм, шэч хэмылъу, хэббжэ хъунущ  Адыгей Республикэм и театрым ирагъэблагъэу абы щигъэувауэ щыта спектаклхэр: Нало Заур и «Хьэбалэ и пхъэ гуащэ»-мрэ  IутIыж Борис и «Жьэмыгъуэ Африкэм»-мрэ.  
     Мы тхыгъэ кIэщIым зи гугъу щытщI режиссеритIми куэд дыдэ яхужыпIэфынущ, я лэжьыгъэм, я гуащIэм, яхузэфIэкIам теухуауэ. Нэхъыщхьэращи, цIыху хэтыкIэ екIу зиIэ, гуащIафIэу зи Iуэхум пэрыта IэщIагъэлIхэр, абыхэм я лэжьыгъэхэр цIыхухэм ящIэж. Абыхэм я лэжьыгъэхэр ди театрхэм пкъы яхуэхъуащ.

 

 

 

 

 

 

Ерчэн Леонид

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 Теувэж СулътIан

ИСТЭПАН Залинэ.
Поделиться: