Хьэвжокъуэ Людмилэ: «Бзэр къэзыгъэщIыр усакIуэрщ»

2021 гъэр Урысейм щIэныгъэм и илъэсу ягъэуващ. Абы нэхъри гулъытэ яхудегъэщI щIэныгъэлIхэм я лэжьыгъэм, щIэныгъэм и гъуэгум тет щIалэгъуалэм. Ди республикэм щагъэуващ КъБР-м и Iэтащхьэм и саугъэтыр. Ар хуагъэфэщащ щIэныгъэлI ныбжьыщIэу тхум. Филологие щIэныгъэхэм я кандидат, Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым къэбэрдей-шэрджэс литературэмкIэ и къудамэм и унафэщI Хьэвжокъуэ Людмилэ абыхэм ящыщщ. Хьэвжокъуэм лэжьыгъэ куэд триухуащ лъэпкъ усыгъэм и щэхухэм.
- Людмилэ, уэ ди Iэтащхьэм и саугъэтыр къыпхуагъэфэщащ гуманитар щIэныгъэхэм хэплъхьа къэхутэныгъэхэм папщIэ. Сыт хуэдэ а къэхутэныгъэхэр?
-ЩIэныгъэ лэжьыгъэм сыпэрытщ илъэс I2 хъуауэ. Къэхутэныгъэхэм хыдобжэ а зэманым къриубыдэу згъэхьэзыращ лэжьыгъэ 70 хуэдиз. Ар урысей индексым къыщыгъэлъэгъуахэрщ. Абдеж къыщымыгъэлъэгъуауэ иджыри щIэныгъэ лэжьыгъэу 30, тхылъищ сиIэщ. Автор зэхуэмыдэхэм ятеухуауэ тхыгъэ 60 згъэхьэзыращ. Абыхэм яхэтщ архивым къыщыдугъуеижу, зи цIэ зэфIэдгъэувэжахэр. Абы теухуа тхылъым и япэ Iыхьэр мы гъэм зыхуей хуэзгъэзэну си мурадщ, етIэнэгъэ етIуанэ Iыхьэм зеспщытынущ. НэгъуэщI проектышхуи сыхэтщ: «Адыги (черкесы)» энциклопедие тхылъышхуэр мы гъэм Москва къыщыдэкIынущ. Ар «Урысейм ис лъэпкъхэр» (Народы России») серием хеубыдэ. А тхылъым щыщу сэ IыхьитI згъэхьэзыращ: адыгэ литературэм и тхыдэмрэ иджырей литературэмрэ ятеухуахэр.
-КъызэрызгурыIуэмкIэ, уи лэжьыгъэхэм я фIагъ нэхъыщхьэщ лъэпкъ усыгъэр джыным епха дэнагъэр гъэнщIыжыныр…
- Ар мураду зыхуэзгъэувыжатэкъым, пэжым ухуеймэ. Ауэ езыр-езыру сыхуэкIуащ абы. Лъэпкъ усыгъэм куэд щIауэ сыдехьэх – ди университетым сызэрыщеджа лъандэрэ. Усэм и IукIэм, рифмэм, ритмым сызыIэпишэу зыгуэр хэтт. Литературэ и лъэныкъуэкIэ зэпкърысх къудей мыхъуу, макъамэ къыхэзубыдыкIырт. Къапщтэмэ, лъэпкъ усыгъэм къыщIоувэ езым и ежьу, макъамэ гуэр. Арат нэхъыбэу абы сызышэр. ЩIэныгъэм зеста нэужь, гурылъ сщIащ а лъэныкъуэр нэхъ куууэ къэстIэщIыну. Ауэ щыхъукIи, си къэхутэныгъэр филологие щIэныгъэм и мардэм имыхуэу, математикэми сыхэIэбащ. Абы нэхъри гъэщIэгъуэн къысщищIырт сызэлэжьыр. Иджыпсту сызэлэжь доктор диссертацэм а темэм теухуауэ зы Iыхьэ хэзгъэхьащ. ИужькIи, монографие щхьэхуэ тезухуэжыну сыхуейщ. Лэжьыгъэм сыздыхэтым, слъэгъуащ лъэпкъ усыгъэр зэман кIыхькIэ щIэныгъэм и гулъытэ хуэныкъуэу къызэрекIуэкIар. АтIэми ар и пIэм иткъым – щIэ гуэрхэр къыхохьэ, усакIуэхэми къахохъуэ.
-Къэбэрдей-шэрджэс усыгъэр сыт нэхъ къызэрыхэщхьэхукIыр?
- ЖыIэн хуейщ поэтикэм куэд къызэрызэщIиубыдэр. Абы хохьэ художественнэ щхьэхуэныгъэр, къэгъэсэбэпа Iэмалхэр, стилистикэр, ритмыр, рифмэр. УсакIуэ къэс езым и хъэтI иIэжщ. Псалъэм папщIэ, КIуащ БетIал япэу ди усыгъэм хилъхьащ «инверсие синтаксис» жыхуэтIэр. ЩыIэщ усакIуэхэр, я тхыгъэхэм псалъэщIэхэм дащыхуэзэу. Къапщтэмэ, бзэр къэзыгъэщIыр усакIуэхэрщ.
Псалъэм и хьэтыркIэ, сонетым и гугъу тщIынщи. Урыс авторхэм абы къыщагъэсэбэп усыгъэм и мардэ щхьэхуэхэр. Адыгэ авторхэр нэхъ зэжалIэр инджылыз гъэпсыкIэрщ. УрохьэлIэ, итальян хабзэм тету тхахэми.
Адыгэ IуэрыIуатэм и рифмэм аллитерацэр куэду хэтщ. Нэхъыщхьэ дыдэу хэлъ щхьэхуэныгъэр абы къыщIэувэ ежьурщ – куэдыми макъамэ щIалъхьащ.
- УсакIуэ нэхъыжьхэмрэ иджырейхэмрэ сыт зэрызэщхьэщыкIыр?
- УсакIуэ ныбжьыщIэхэм тхэн къыщIадзащ нэхъ хуиту, утIыпщауэ. ТкIийуэ мардэм итыным мыхьэнэ иратыжыркъым. ЦIыхум талант иIэр пэжмэ, абы и усыгъэр щытыкIэ щIэщыгъуэм йоувэ езыр-езыру. ЗэрызэщхьэщыкIым и гугъу пщIымэ, зытетхыхь Iуэхугъуэхэр зэрызэмыщхьыр къыхэбгъэщ хъунущ. Щхьэж зыгъэпIейтем егъэусэ. Ауэ итIани, сыт хуэдэ зэманым и усыгъэри зэхуэзышэж темэхэр щыIэщ: лъагъуныгъэр, философиер, гъащIэр.
 

 

Епсэлъар Къарэ Каринэщ.
Поделиться: