Дерс щхьэпэхэр

Егъэджэныгъэр  зызыужь, зызыхъуэж Iуэху зехьэкIэщIэ куэд махуэ къэс къызыхыхьэ  IэнатIэщ.  Мыгъэрей гъэ еджэгъуэщIэри блэкIахэм къахощ апхуэдэ щIэщыгъуэхэмкIэ. Къапщтэмэ,  фокIадэм и I-3-хэм  ди курыт школхэм я еджакIуэхэм лекцэ гъэщIэгъуэнхэм къахуеджэнущ  IэщIагъэлI Iэзэхэр, еджагъэшхуэхэр, министрхэр,  щIыналъэхэм я Iэтащхьэхэр, хьэрычэтыщIэхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм я лIыкIуэхэр – гъащIэм хэзыщIыкI, абы и унэтIыныгъэ зэхуэмыдэхэм  ехъулIэныгъэ лъагэхэр  щызыIэрызыгъэхьа ди цIыху цIэрыIуэхэм ящыщ куэд.  Зэгуэр еджакIуэу щыта, партэхэм дэса а балигъхэм иджы  къагъэзэж фIыуэ ялъагъу школхэм, абыхэм  нобэ екIуалIэ ныбжьыщIэхэм я дуней еплъыкIэхэмкIэ, Iуэху зехьэкIэ мардэхэмкIэ, ехъулIэныгъэм ухуэзышэ бгъэдыхьэкIэхэмкIэ  ядэгуэшэну.

«Убгъэдэлъ щIэныгъэмкIэ щIэблэм ядэгуашэ» фIэщыгъэр зыгъуэта а дерс-зэхуэзэхэр Интернетым и IэмалхэмкIэ  нагъэсынущ мелуан бжыгъэхэр зыщыпсэу къалэшхуэхэм дэт курыт школхэм щеджэхэми,  зи цIыху бжыгъэр мащIэ щIыпIэхэм щылажьэ еджапIэхэм я гъэсэнхэми  я деж.  «Знание» урысей зэгухьэныгъэм къызэригъэпэща а  егъэджэныгъэ челленджым (псалъэр инджылызыбзэм къыхахащ, къикIыр  «къыхуеджэныгъэ») къызэщIиубыдэу темэ зэмылIэужьыгъуэхэм  ехьэлIа Интернет-роликхэр, школ дерс жыпхъэм итхэр,  социальнэ сетхэмкIэ зэбгрыкIынущ, иужькIэ  курыт шеджапIэхэм къыщагъэлъэгъуэнущ. ФокIадэм и  пэщIэдзэм  апхуэдэ дерсхэр псом япэ дыдэу зытынухэм ящыщщ УФ-м егъэджэныгъэмкIэ и министрым  и  къуэдзэ Бугаев Александр,  УФ-м щIэныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ Гуров Григорий, УФ-м ФедерацэмкIэ и Советым и унафэщIым и япэ къуэдзэ Глебовэ Любовь, «Урысейр Iэмал псори здэщыIэ къэралщ» щIэныгъэ зэгухьэныгъэм и генеральнэ унафэщI Комиссаров Алексей, «ЭкономикэмкIэ школ нэхъыщхьэ» еджапIэм и ректор Анисимов Никитэ, Урысейпсо цIыхубэ фронтым (ОНФ) и гъэзэщIакIуэ комитетым и пашэ Кузнецов Михаил сымэ, нэгъуэщIхэри.
Дерсхэр онлайн щытыкIэм иту къызэрагъэпэщынущи, школакIуэхэм Iэмал яIэнущ псалъэмакъым хэт дэтхэнэми упщIэхэр иратыну.  Апхуэдэхэм ящыщщ УФ-м ЩэнхабзэмкIэ, ЕгъэджэныгъэмкIэ, ЩIэныгъэмкIэ, СпортымкIэ и министерствэхэм я IэщIагъэлIхэр, «Росатом», «РЖД», «Газпром», «Росконгресс», «Сбербанк», «Почта Банк», «ГТО», «Iуэху щызэфIах Урысей», «Жор Плъыжь» зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, нэгъуэщI къэрал, жылагъуэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэр.  ШколакIуэхэр лекторхэм ядэуэршэр хъунущ езыхэр дэзыхьэх сыт хуэдэ унэтIыныгъэмкIи.
- ЩIэныгъэр уи закъуэ убгъэдэлъкIэ мыхьэнэшхуэ иIэкъым – абы и къарур нэрылъагъу щыхъур адрейхэми ялъэбгъэIэсмэщ, уи зэфIэкIымрэ зэчиймкIэ нэгъуэщIхэм  уадэгуэшэфмэщ, - жеIэ «ЩIэныгъэ» урысейпсо зэгухьэныгъэм и пашэ Древаль Максим. – ГъащIэм и унэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм ехьэлIа щIэныгъэ куу, къызэрымыкIуэ зыбгъэдэлъхэр, Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэн икIи купщIафIэ куэдым щыгъуазэ дэтхэнэри къыхудоджэ  егъэджэныгъэ челленджым  жыджэру хэтыну.  ЩIэблэм дадэвгъэгуашэ дбгъэдэлъ  псэкупсэ къулеягъымкIэ.
Ди республикэми щекIуэкIынущ апхуэдэ дерс зэIухахэр, лекцэ гъэщIэгъуэнхэр. Къэралпсо цIэрыIуагъ зиIэ лекторхэм нэмыщI, ди  еджакIуэхэм псалъэмакъ щхьэпэхэр драгъэкIуэкIынущ  «Урысейм и пашэхэр» къэралпсо зэпеуэм ди щIыналъэм щыщу щытекIуа IэщIагъэлIхэм. «Iуащхьэмахуэ» клубым хэт а IэщIагъэлIхэр ныбжьыщIэхэм яхутепсэлъыхьынущ зыIэрагъэхьа ехъулIэныгъэхэм хуэзыша Iуэхугъуэхэм.     
 

ЖЫЛАСЭ Маритэ.
Поделиться: