Къызэрагъэсэбэпыж щымыIэми, пщIэну щхьэпэщ

Мы тхыгъэм зи гугъу щытщI жыIэкIэ зыбжанэмрэ абыхэм къарыкIымрэ, къызэрыщыхьа дыдэм хуэдэу, дэ къитхыжащ Шэрджэс Алий и тхылъ телъыджэу «Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр» зыфIищам, Налшык къалэ 2009 гъэм къыщыдэкIам:  
Абрагъу гъунэ – уафэ гъунэ (щIэплъыпIэ, горизонт);
Агъу – псы ежэхыр зыгуэрым щыхэхуэж щIыпIэ (псышхуэм, хым);
Афэ кIуасэ – афэ джанэм апхуэдэуи еджэрт, зымащIэкIэ егъэзыхыгъуэ игъуэтауэ ягъэтIылъамэ, зэтежурэ, ехуэх щIыкIэу, «кIуасэти»;
Афэ хэдзапIэ – псы Iуфэ жьыщIапIэм апхуэдэу еджэрт;
Ашэмыкъу – лэгъуп зыпалъэу губгъуэм къыщагъэсэбэп лъакъуищ зэпха;
Быгъур къалэ – Анапэ;
Бэкъэкъ – хьэндыркъуакъуэ;
Бажэщ – хьэIуцыдз (шакал);
БгъунжырыкIуэ – геометрием къыщыбгъэсэбэп хъу псалъэщ, къикIыр «диагональ» зыхужаIэрщ;
Бзагуалъэ – унэ бгыкъум е щIэсэным хащIыхьу щыта гъэтIылъыпIэ щэху, «бзагуэ» псалъэм къытехъукIа жыIэкIэщ;
Бзалъэ – шабзэшэхэр зэрыраутIыпщ шабзэр къызэрырахьэкIыу щыта хъумапIэр;
Дзыр – хьэцэпэцэр къыщахыжкIэ, ныбгъуэхьэш (ныбгъуэ къраубыдыным хуащIа матэ) хагъэувэн щхьэкIэ, къранэ хабзэ мыха тIэкIу;
Емсыку – мафIэ гуащIэ узэмыкIуэлIэф;
ЕнцI – гъущI папцIэ захуэрэ гъэшарэ зыфIэлъ бжэгъу;
Епэрыпс – мэ дахэ къызыкIэрих ткIуаткIуэ (дыху, одеколон, н. къ.);
ЕпкIэуэн – бдзэжьейр кIэ мажьэкIэ епкIэуэн (и кIэр щызэридзэкIэ апхуэдэу хужаIэ);
Енэб – папоротник – илъэс бжыгъэкIэ зыкъэзыужь къэкIыгъэ лIэужьыгъуэщ. И тхьэмпэхэр къабзийм ещхьщ, сантиметр 40-I00-м нэс я кIыхьагъщ. Мэз щIагъхэм, псыхъуэхэм, щIыпIэ псыIэхэм къыщокI. Адыгэхэм енэбым жьы хъуа и лъабжьэр хущхъуэу къагъэсэбэп.
 
    

 

БЭРАУ Ахьмэд.
Поделиться: