Лъахэм и зыужьыныгъэм хущIэкъухэрХабзэ зэрыхъуам тету, фокIадэм и 1-м, КъБР-м и Къэралыгъуэм и махуэр щагъэлъапIэм ирихьэлIэу КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек щIыхь, фIыщIэ тхылъхэмрэ къэрал дамыгъэхэмрэ яритащ зыпэрыт IэнатIэм къыщыхэжаныкIа IэщIагъэлI пажэхэм. ЗэIущIэм кърихьэлIащ КъБР-м и Парламентым и спикер Егоровэ Татьянэ, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым и Къэрал Думэм и депутатхэу Щхьэгуэш Адэлбийрэ Геккиев Зауррэ, министрхэр, нэгъуэщI къулыкъущIэхэр. ЗэIущIэр къыщызэIуихым КIуэкIуэ Казбек жиIащ Къэралыгъуэм и махуэм ди лъахэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зэриIэр, ар зэныбжьэгъугъэм, зэгурыIуэныгъэм, зэкъуэтыныгъэм я нэщэнэу зэрыщытыр. «Нобэрей махуэр ди лъэпкъхэм я псэукIэм и зыужьыныгъэм и къежьапIэу къэплъытэ хъунущ, политикэ, экономикэ, псэукIэ ухуэкIэр хуэм-хуэмурэ щызэтеува лъэхъэнэхэр къызэднэкIри, сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей хуэзэ, нэхъри едгъэфIэкIуэну дызыхуэпабгъэ республикэ диIэ хъуащ. БлэкIа илъэсхэм ди хэгъэгум ехъулIэныгъэ куэд зыIэригъэхьащ. Тхыдэм уриплъэжмэ, гулъытэншэу къэбгъанэ хъунукъым Къэбэрдей-Балъкъэрым къикIуа гъуэгуанэм щыщ зы Iыхьи», - жиIащ КIуэкIуэм.
Поделиться:
Читать также:
13.04.2024 - 15:23 →
Махуэшхуэм зыхуагъэхьэзыр
13.04.2024 - 10:08 →
Зэгухьэныгъэм зэфIигъэкIар
06.04.2024 - 10:26 →
Театрхэм я ехъулIэныгъэ, я гугъуехь
06.04.2024 - 09:00 →
Мэкъумэш IэнатIэм и зэфIэкIхэм арэзы къещI
09.03.2024 - 13:10 →
Мэкъумэш IэнатIэр я нэIэ щIэтщ
|