Дахагъэм, гуапагъэм, мамырыгъэм я джэлэс къалэ

Нобэ дгъэлъапIэ махуэшхуэхэм ящыщщ Налшык къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 297-рэ зэрырикъур. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къалащхьэм и тхыдэр жыжьэ къыщожьэ. 1724 гъэм иджы къалэм иубыд щIыпIэм къэбэрдеипщ нэхъ лъэрызехьэхэу Къетыкъуэ Аслъэнбэч, Тэтэрхъан Жамбот, Жанхъуэт Кушыку сымэ я жылэхэр щысу щытащ. Лъэхъэнэм зыдихъуэжурэ 1921 гъэм а щIыпIэр къалэ хъуащ, итIанэ Къэбэрдей-Балъкъэр автоном областым и центрщ, I936 гъэм дыгъэгъазэм и 5-м КъБАССР-м и къалащхьэу яубзыху, 1991 гъэ лъандэрэ Налшык Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэщ.

XX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэ хъуа Налшык зыужьыныгъэ гъуэгум тоувэ. Къалэм экономикэ и лъэныкъуэкIэ и Iуэхухэр йофIакIуэ, курорт, промышленнэ IэнатIэхэм гъэ къэс заужьурэ макIуэ. Къапщтэмэ, нобэ ар Кавказ Ищхъэрэм и къалэ, зыгъэпсэхупIэ нэхъыфI дыдэхэм хабжэ. Абы щопсэу ди республикэм цIыхуу исым я процент 33-р. Къыхэгъэщыпхъэщ абы зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу лъэпкъи 100-м нэс зэрыщызэдэпсэур. Шэч хэмылъу, дэтхэнэри иужь итщ и лъэпкъ хабзэмрэ щэнхабзэмрэ зэрихъумэжыным. Ахэр махуэшхуэхэм ирихьэлIэу дахэу утыку кърахьэ зэпытщ. Абыхэм я щэнхабзэ зэмылIэужьыгъуэрщ къалэм и лъабжьэр зыгъэбыдэри лъэпкъ зэхэщIыкIым зезыгъэужьри.
Къалэм и зыужьыкIэм укIэлъыплъмэ, гугъапIэфIхэр щыIэщ европэ мардэхэм хуэкIуэу зиузэщIыну. Абы папщIэ ялъэкI къагъанэркъым, къалэ, республикэ тхьэмадэхэм. Псом хуэмыдэу ягъэнэхъыщхьэр къалэдэсхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэнырщ, дэтхэнэми тыншыпIэ къыхузэгъэпэщынырщ.
Налшык и тхыдэ къулеймрэ и нобэрей гъащIэмрэ уеплъмэ, наIуэ пщохъу дахагъэм, гуапагъэм, мамырыгъэм я джэлэсу зэрыщытыр. ЛIэщIыгъуэ бжыгъэ зи ныбжь хабзэхэмрэ иджырей зэманым къигъэув мардэхэмрэ дахэу щызэхэухуэна гъащIэм нобэ Налшык щекIуэкIыр. А фIыгъуэ псом я гуащIэ хэлъщ налшыкдэсхэми. ЕхъулIэныгъэфIрэ зыужьыныгъэ екIурэ ди щыхьэрми къалэдэсхэми яIэну дохъуэхъу.
 

 

 

 

 

 

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться: