Ди республикэм мэкъумэш IэнатIэмрэ туризмэмрэ зыщаужь

Иджыблагъэ ди лъахэм къыщызэIуахащ технологиещIэхэмкIэ узэда пхъэщхьэмыщхьэ хъумапIэрэ иджырей турист комплекс инрэ. Проектхэр ягъэзэщIащ «Агрохолод», «Верхние Голубые озера» АО-хэм, абыхэм я дэIэпыкъуэгъуу щытащ «Кавказ Ищхъэрэм и курортхэр», «Корпорация развития КБР» АО-хэр.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ IэнатIэхэм, мэкъумэшымрэ туризмэмрэ апхуэдэ инвестицэ проект инитI зэуэ къыщызэIупхыныр куэд и уасэщ. Ахэр фейдэ пылъу лэжьэнымкIэ, дяпэкIи заужьынымкIэ лъэпощхьэпо зыри щыIэнукъым, уеблэмэ туризмэр лъагапIэщIэхэм хуишэнущ, инвестор нэхъыбэ къыдэхьэхынымкIэ сэбэп хъунущ.
«Проектхэр хэгъэгум щыпсэухэм я хэхъуэмрэ лэжьыгъэ IэнатIэкIэ къызэгъэпэщынымкIэ сэбэп хъунущ, абы ипкъ иткIэ, псэукIэр ефIэкIуэнри абы елъытауэ жыпIэ хъунущ. А проектым и фIыгъэкIэ IэнатIэу 79-рэ къэунэхунущ. КъищынэмыщIауэ, гъэм и зэманым елъытауэ лэжьакIуэхэр пIалъэкIэ къащтэнущ. ПроектитIми зэхэту сом мелуан 854-рэ трагъэкIуэдащ, абы щыщщ «Кавказ Ищхъэрэм и курортхэм» хилъхьа сом мелуан 3I4,5-ри», - жиIащ «Кавказ Ищхъэрэм и курортхэр» АО-м и генеральнэ унафэщI ТIымыжь Хьэсэн.
Пхъэщхьэмыщхьэхэр щахъумэр MARVIL итальян компанием и иджырей технологие IэмэпсымэхэмкIэ узэдащ. Абы щIэт кислородыр зэрымащIэ дыдэм къыхэкIыу химие препаратхэр къагъэсэбэпын хуей хъунукъым. Автоматым зэригъакIуэр хьэуам и хуабагъымрэ псыIагъымрэ я закъуэкъым, атIэ кислородри, азотри, газри зэтреухуэ. Хьэуа здэмыкIуэ хъумапIэм щIэлъ пхъэщхьэмыщхьэхэр "жей" хуэдэщ. Абы и фIыгъэкIэ мыIэрысэхэр илъэсым нэблагъэкIэ хъума хъунущ я фи мыкIуэду, я IэфIагъымрэ сэбэпу хэлъымри хъума хъууэ.
ХъумапIэм щыщу къызэIуахащ AWETA голланд компанием къищIигъэкIа пхъэщхьэмыщхьэр зэхидзурэ зэкIуэцIызылъхьэ линиер. Абы зы сыхьэтым къриубыдэу мыIэрысэ тонн 20 щIегъэкI, тралъхьэ пхъэщхьэмыщхьэхэмрэ хадэхэкIхэмрэ я хьэлъагъри ешэч, зы удыни къытемыхуэу ахэр зэхедзри, тыкуэнышхуэхэм зэрашэну ашыкхэм ирелъхьэж.
Ухуэныгъэм сом мелуан 6I4-рэ текIуэдащ, «Корпорация развития КБР» АО-м и мылъкуу сом мелуан 235-рэ хилъхьащ, «Кавказ Ищхъэрэм и курортхэм» республикэм щIыхуэу сом мелуан 242, 5-рэ къритащ. Адрейхэр инвесторхэм къыхалъхьащ. А проектым и фIыгъэкIэ лэжьапIэ IэнатIэу 50 къызэIуахынущ.
Турист комплексыр Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыпIэ нэхъ дахэ дыдэхэм ящыщ зым и гъунэгъущ. Ар Ипщэ Гуэл щхъуантIэхэм пэмыжыжьэу яухуащ. Абы хохьэ европей мардэхэм изагъэ хьэщIэщыр, гъэмахуэ пэIущIэ утыкушхуэ зиIэ рестораныр, сабий, спорт джэгупIэхэр, хъыбарегъащIэ офис, хьэщIэщ унэ цIыкIухэр, бдзэжьеящэ унэр. Абы пэмыжыжьэу иджыри жыг хадэ ин хасэнущ, жыг зэмылIэужьыгъуэхэр иту, лъэс лъагъуэхэмрэ удз гъагъэ гъэкIыпIэхэмрэ иIэу.
Мы щIыпIэм илъэсым и хъуреягъкIэ хьэщIэхэр къригъэблэгъэфынущ. ЩIымахуэм джипхэмрэ уэсым къызэрыщажыхь машинэ цIыкIухэмкIэ туристхэр зыплъыхьакIуэ яшэнущ, иджыпсту - гъэмахуэм - квадроциклкIэ цIыхухэм кърагъэжыхь, катамаранкIэ гуэлым тетщ. ЩIыпIэ дахэр лъэсу е шыкIэ къызэхэпкIухь мэхъу.
Шэрэдж аузым иIэщ къыщыпкIухьынрэ узэплъынрэ. Комплексым хэт рестораным кавказ шхыныгъуэхэри, европей ерыскъыхэри щапщэфI, ахэр псори ди лъахэм къыщыкIа, къыщыщIагъэкIа продукцэщ къызыхащIыкIыр, пщафIэ Iэзэхэр кърагъэблэгъауэ щолажьэ. Зи гугъу тщIы проектым сом мелуан 240-рэ текIуэдащ, «Кавказ Ищхъэрэм и курортхэм» щIыхуэу сом мелуан 72-м щIигъу хилъхьащ. Илъэситхум къриубыдэу абы республикэм налогыу сом мелуан 83-рэ къыхуилэжьыжынущ. Комплексым цIыху 29-рэ щолажьэ.
 

 

 

 

 

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:42 ГъэпцIакIуэр яубыдащ
19.04.2024 - 16:40 Налог щIыхуэшхуэ
19.04.2024 - 16:36 Зыкъамыту хэкIуэдащ
19.04.2024 - 16:26 Щыуагъэм щахъумэу